11 – Зи щӀыхь ин, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – псыкъуийр куущ, уэ псы къызэрипхын уиӀэкъым. А гъащӀэ къызэзытыну псыр дэнэ къыздипхынур?
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъ цӀыхум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ Ӏуэхухэр идэркъым. Ахэр абы фӀэделагъэщ, зэхищӀыкӀыни лъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэ закъуэрщ цӀыхухэм ахэр зэхезыгъэщӀыкӀыфынур.
– ЦӀыхур жьы хъумэ, дауэ къызэралъхужынур? – къеупщӀащ Никодим. – И анэм и ныбэм ихьэжу, щӀэрыщӀэу къалъхужыну?
– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.
Махуэшхуэхэм ящыщу иужьрей я нэхъ лъапӀэ махуэм къэуври, Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ: – Псы хуэлӀэр си деж кърекӀуи, ирефэ.
– Хьэуэ, Зиусхьэн, – жиӀащ Петр, – ар хъуххэнукъым. Мышхыпхъи хьэрэми зэи сшхакъым.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тахътэм и кум тес Щынэр абыхэм Ӏэхъуэ яхуэхъунущ; икӀи гъащӀэ къэзыт псынащхьэхэм я деж ахэр ишэнущ. Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ.
– Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, – къызжиӀащ итӀанэ. – Алфэри Омегэри, ублапӀэри ухыпӀэри сэращ. Псы хуэлӀэр гъащӀэ къэзыт псынэм и псым щыщ езгъэфэнущ пщӀэ щӀимыту.
ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт псыуэ кристаллым хуэдэу къабзэр мелыӀычым сигъэлъэгъуащ итӀанэ. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэм къикӀыу,
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.