10 – Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэри «Псы тӀэкӀу сегъафэ» къыбжезыӀари уэ пщӀэуэ щытатэмэ, абы уелъэӀунт, абыи гъащӀэ къозытын псы уригъэфэнт, – жриӀэжащ Хьисэ цӀыхубзым.
ЦӀыху лъэпкъхэр ди Ӏэ кърилъхьащ, лъэпкъ цӀыкӀухэр ди лъэгу къыщӀигъэуващ.
Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зарефтынур фощӀэ. АтӀэ, абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэ яритынукъэ Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и Псэ ЛъапӀэм къелъэӀухэм?
Адэ лъапӀэри сэри дызэрамыцӀыхум щхьэкӀэ а Ӏуэхухэр ялэжынущ.
ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.
– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.
– ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэр сэращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Си деж къакӀуэр мэжэлӀэжынукъым, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым.
ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэу уафэм къехар сэращ. Мы щӀакхъуэм щыщ зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ. Дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ сщӀын щхьэкӀэ, стыну щӀакхъуэр си пкъыр арщ.
– Тэджи, «Уэрам ЗанщӀэ» жыхуаӀэ уэрамым тет Иудэ и унэм кӀуэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным Ананий. – Абы Щаул и цӀэу Тарс къалэм щыщым щыщӀэупщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар Тхьэм йолъэӀу.
Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ?
Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.
А псори Тхьэм къарит псыми ефэрт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр зэфэу щыта псыр къадэщӀыгъу мывэшхуэм къыхэкӀырт. А мывэшхуэр Мэссихьщ.
Тхьэм и тыгъэшхуэу пхуэмыӀуэтэжыну иным щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ.
Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фыкъригъэлащ фымыкӀуэду, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Ар къызпкърыкӀар фэракъым, ар Тхьэм и тыгъэщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зэгуэрым Тхьэм и нэхум хэтауэ, иужькӀэ зи щӀыб Тхьэм хуэзыгъэзэжа цӀыхухэм я гуэныхьхэм хущӀебгъэгъуэжыну къебгъэгъэзэжын плъэкӀынукъым. Абыхэм уафэм щыӀэ Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэр ящӀэу щытащ; Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри я гум илъащ;
Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.
– Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, – къызжиӀащ итӀанэ. – Алфэри Омегэри, ублапӀэри ухыпӀэри сэращ. Псы хуэлӀэр гъащӀэ къэзыт псынэм и псым щыщ езгъэфэнущ пщӀэ щӀимыту.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тахътэм и кум тес Щынэр абыхэм Ӏэхъуэ яхуэхъунущ; икӀи гъащӀэ къэзыт псынащхьэхэм я деж ахэр ишэнущ. Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ.