8 Жьыр езыр здыхуеймкӀэ къопщэ. И макъри зэхыбох, ауэ къыздикӀри здэкӀуэри пщӀэркъым. Аращ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀа дэтхэнэ цӀыхуми и Ӏуэхур зытетыр.
къэзыгъэнэху ин дыдэхэр къэзыгъэщӀам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;
Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуа щӀыкӀэр бын къызэралъху щӀыкӀэм хуэдэукъым. Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуар цӀыхухъур цӀыхубзым зэрехъуапсэм, е лӀыр бын зэрыхуейм щхьэкӀэкъым, атӀэ Тхьэм бын хуэхъуныр къызыбгъэдэкӀар езы Тхьэр арщ.
«ЩӀэрыщӀэу фыкъалъхужын хуейщ» жысӀэу зэрыбжесӀар умыгъэщӀагъуэ.
– Ар дауэ зэрыхъур? – еупщӀащ Никодим Хьисэ.
НапӀэзыпӀэм жьапщэшхуэ макъым хуэдэу зы макъ уафэм къехри, ахэр зыщӀэс унэм макъышхуэр щӀэз хъуащ.
Тхьэм елъэӀуа нэужь, ахэр щызэхуэса щӀыпӀэм щӀыр щыхъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр псоми я гум хуабжьу хыхьауэ, гушхуэныгъэшхуэ яхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэрт абыхэм.
А Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм ахэр ящӀэну лъэкӀыныгъэ къезытыр. Щхьэхуэ-щхьэхуэу, зэрыхуейм тету Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр лъэкӀыныгъэ псоми къарет.
ЦӀыхум игу илъыр езым фӀэкӀа нэгъуэщӀ цӀыхухэм ящыщу хэт зыщӀэр? Апхуэдабзэу, Тхьэм и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фӀэкӀа зыми зэхищӀыкӀыркъым.
Мэссихь щыпкъагъэр игу зэрилъыр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ щыпкъагъэр зыгъэзащӀэр Тхьэм зэрибынри фощӀэ.