7 «ЩӀэрыщӀэу фыкъалъхужын хуейщ» жысӀэу зэрыбжесӀар умыгъэщӀагъуэ.
Мы дунейм и Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ нывжесӀащ, фэ фи фӀэщ хъуркъым. Уафэм и Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ нывжесӀэмэ, дауэ фи фӀэщ зэрыхъунур?
– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.
ЦӀыхум къыхуэхъур цӀыхущ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀ цӀыхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхущ.
Жьыр езыр здыхуеймкӀэ къопщэ. И макъри зэхыбох, ауэ къыздикӀри здэкӀуэри пщӀэркъым. Аращ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀа дэтхэнэ цӀыхуми и Ӏуэхур зытетыр.
– Ар фымыгъэщӀагъуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кхъэм щӀэлъ псоми Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, кхъэм къыщыщӀэкӀыжыну махуэр къэсынущ.
Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фыхуэгуфӀэурэ фӀыщӀэ хуэфщӀ. Нэхур здэщыӀэ щӀыпӀэм деж Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀымкӀэ фэри Ӏыхьэ къыфлъысыну къыфхуигъэфэщащ.
ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.
Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,
Къабзэныгъэ зимыӀэр а къалэм дыхьэнукъым. ЕмыкӀу зыщӀи пцӀыупси дыхьэнукъым абы. Зи цӀэр Щынэм и тхылъым иту, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа, а къалэм зыри дыхьэнукъым.