Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ. Езыр арщ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным си пкъыу сызытекӀуадэм сыкъыхригъэхыжу, сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур. Тхьэм и хабзэм срипщылӀщ си акъылкӀэ, ауэ си гуэныхьыщӀэ щэныжьымкӀэ гуэныхьым и хабзэм срипщылӀщ.
Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ.