5 – Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.
жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
– Иджыри нывжызоӀэ, бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ мастэнэм махъшэкӀэ икӀыныр нэхъ тыншщ.
– Хэт а тӀум щыщу адэр зыхуейр зыгъэзэщӀар? – Япэр арщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ фэ фяпэ щӀыхьэнущ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм.
Аращи, фыкӀуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапӀэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми я цӀэкӀэ фыумэхъи,
– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.
Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
Ар щилъагъум, губгъэн хэлъу, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.
Ар зи фӀэщ хъууэ зезыгъэумэхъыр Тхьэм мыкӀуэду къригъэлынущ, ауэ зи фӀэщ мыхъур Тхьэм игъэкъуэншэнущ.
Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыж. Уи нитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыункӀыфӀыжымрэ здэщыӀэ жыхьэнмэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущӀыхьэныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.
– Куэбжэ зэвымкӀэ фызэрыдыхьэным Ӏэмал зэриӀэкӀэ и ужь фит, – жэуап яритыжащ Хьисэ абыхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, цӀыху куэд куэбжэмкӀэ дыхьэну и ужь итынущ, ауэ яхузэфӀэкӀынукъым.
Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ фщӀа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, псори апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ.
Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ къэфхьа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ псори.
Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуа щӀыкӀэр бын къызэралъху щӀыкӀэм хуэдэукъым. Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуар цӀыхухъур цӀыхубзым зэрехъуапсэм, е лӀыр бын зэрыхуейм щхьэкӀэкъым, атӀэ Тхьэм бын хуэхъуныр къызыбгъэдэкӀар езы Тхьэр арщ.
– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.
– ЦӀыхур жьы хъумэ, дауэ къызэралъхужынур? – къеупщӀащ Никодим. – И анэм и ныбэм ихьэжу, щӀэрыщӀэу къалъхужыну?
– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ псоми зыдвгъэумэхъ, Тхьэм фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, – яжриӀащ Петр. – Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр фи гум кърилъхьэнущ итӀанэ.
Аращи, Тхьэм фэ гуэныхьу фщӀахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, абыхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ.
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэр зытеухуар шхэнымрэ ефэнымрэкъым, атӀэ щыпкъагъэ, гузэгъэгъуэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ гуфӀэгъуэр аращ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ.
Ауэ, си къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ: Лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхум Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къылъысыфынукъым. КӀуэдыжын хуейм мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀу иӀэ хъуфынукъым.
Ауэ Тхьэм ди гум кърилъхьа псэр мы дунейм и псэракъым, атӀэ езым и Псэ ЛъапӀэр арщ, Тхьэм къыдита тыгъэхэр зэхэтщӀыкӀын щхьэкӀэ.
Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ.
Сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр щӀэрыщӀэу къалъхужауэ дыхъуныр арщ.
Мэссихь и псэр щӀитар псымкӀи и псалъэхэмкӀи члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкъэбзэжу, гукъабзагъэ абыхэм яӀэ хъун щхьэкӀэщ.
Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.
Апхуэдэу, Хьисэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам щхьэкӀэ, зевгъэумэхъыурэ фымыкӀуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл. Зевгъэумэхъын жыхуэсӀэр фипкъхэм фӀеигъэр ятевгъэкъэбзыкӀыныр аракъым, атӀэ мыхъумыщӀэ лъэпкъ фигукӀэ зыдэвмыщӀэжу Тхьэм фыхуэпэжыну псалъэ ефтыныр аращ.
Мэссихь щыпкъагъэр игу зэрилъыр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ щыпкъагъэр зыгъэзащӀэр Тхьэм зэрибынри фощӀэ.
Хьисэ зэры-МэссихьымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр Тхьэм и бынщ. Адэр фӀыуэ зылъагъу дэтхэнэми абы и къуэри фӀыуэ елъагъу.