4 – ЦӀыхур жьы хъумэ, дауэ къызэралъхужынур? – къеупщӀащ Никодим. – И анэм и ныбэм ихьэжу, щӀэрыщӀэу къалъхужыну?
– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.
– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.
– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пкъыр фымышхыу, илъми фемыфэу, гъащӀэ фиӀэнукъым
Хьисэ и псалъэр щызэхахым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэдым жаӀащ: – Мыбы жиӀэр сыту псалъэ гугъу! Хэт абы едэӀуэфынур?
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тетхэм я дежкӀэ жорым и хъыбарыр делагъэу щытщ, ауэ дэркӀэ, дымыкӀуэду Тхьэм къригъэлхэмкӀэ, Тхьэм и къарур жорым хэлъщ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъ цӀыхум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ Ӏуэхухэр идэркъым. Ахэр абы фӀэделагъэщ, зэхищӀыкӀыни лъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэ закъуэрщ цӀыхухэм ахэр зэхезыгъэщӀыкӀыфынур.