Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 3:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 – Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 3:3
32 Iomraidhean Croise  

– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.


– Иджыри нывжызоӀэ, бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ мастэнэм махъшэкӀэ икӀыныр нэхъ тыншщ.


– Хэт а тӀум щыщу адэр зыхуейр зыгъэзэщӀар? – Япэр арщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ фэ фяпэ щӀыхьэнущ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм.


Пэжыр нывжызоӀэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ щыӀэху, Мусэ и Торэт хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀууи зы хьэдзэ хэкӀуэдыкӀынукъым, абы ит псори къэхъуху.


Ар щилъагъум, губгъэн хэлъу, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыж. Уи нитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыункӀыфӀыжымрэ здэщыӀэ жыхьэнмэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущӀыхьэныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.


Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуа щӀыкӀэр бын къызэралъху щӀыкӀэм хуэдэукъым. Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуар цӀыхухъур цӀыхубзым зэрехъуапсэм, е лӀыр бын зэрыхуейм щхьэкӀэкъым, атӀэ Тхьэм бын хуэхъуныр къызыбгъэдэкӀар езы Тхьэр арщ.


Нэхур кӀыфӀыгъэм къыщонэху, кӀыфӀыгъэр нэхум пэлъэщакъым.


Хьисэ Нафанаил жриӀащ итӀанэ: – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, уафэр зэӀухауэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм деж мелыӀычхэр дэкӀуейуэ икӀи къехыу флъагъунущ.


«Тхьэм абыхэм анэхэр нэф ищӀащ, ягухэри ерыщ иригъэкӀуащ. Аращи, я нэхэмкӀэ ялъагъуркъым, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀыркъым, Тхьэм игъэхъужын щхьэкӀи абы деж къагъэзэжыркъым».


– ЦӀыхур жьы хъумэ, дауэ къызэралъхужынур? – къеупщӀащ Никодим. – И анэм и ныбэм ихьэжу, щӀэрыщӀэу къалъхужыну?


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.


Сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр щӀэрыщӀэу къалъхужауэ дыхъуныр арщ.


Фи бзаджагъэмрэ фи гуэныхьхэмрэ къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу фыщытащ.


дымыкӀуэду дыкъригъэлащ. Щыпкъагъэ зыхэлъ Ӏуэхуу дэ длэжьахэм я Ӏуэху абы хэлъакъым, атӀэ Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар гущӀэгъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ди гур къызэригъэкъэбзэжамкӀэ щӀэрыщӀэу дыкъалъхужауэ дищӀащ, ди гурылъхэри зэблихъуащ.


Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,


Мэссихь щыпкъагъэр игу зэрилъыр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ щыпкъагъэр зыгъэзащӀэр Тхьэм зэрибынри фощӀэ.


Хэти, Тхьэм и бынмэ, гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зищӀынущ, Тхьэм абы игу кърилъхьар езым и Псэ ЛъапӀэр арщ икӀи ар Тхьэм и быным и гум сыт щыгъуи илъынущи. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм гуэныхь ищӀэн зэрылъэмыкӀым къыхэкӀэкӀэ Тхьэм и бынми гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зимыщӀын лъэкӀынукъым.


Хьисэ зэры-МэссихьымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр Тхьэм и бынщ. Адэр фӀыуэ зылъагъу дэтхэнэми абы и къуэри фӀыуэ елъагъу.


Тхьэм и бын хъуам гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зэрызищӀар дощӀэ; Тхьэм и быныр зыхуосакъыж, шейтӀанри абы еӀусэнукъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и быну щыт дэтхэнэри дуней гуэныхьхэм токӀуэ. Мы дуней гуэныхьхэм дазэрытекӀуэр ди фӀэщхъуныгъэр арщ.


Лаодикие къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: ӀэминкӀэ зэджэ щыхьэт пэжу икӀи узыщыгугъ хъун щыхьэту Тхьэм къигъэщӀа псори зи ӀэмыщӀэм къикӀам мы псалъэхэр жеӀэ:


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan