10 – Уэ израил дин егъэджакӀуэхэм уащыщщ, ар умыщӀэу ара? – жэуап иритащ Хьисэ.
Сэ Тхьэм и унэшхуэм къыщытӀэпӀ зейтун жыгым сыхуэдэщ. Тхьэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр игъащӀэкӀэ си гугъапӀэщ сэ,
УзэкӀуэдылӀэн псалъэу щыӀэхэр уэ уи щӀасэщ, уэ бзэгу хьилэщ.
Сыт щхьэкӀэ, ди Тхьэ, дыхыфӀэбдзэжыпа? Уи хъупӀэм ит мэлым уи губжьыр сыт щхьэкӀэ яхузэщӀэбгъэплъа?
И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.
– Абыхэм я ужь фикӀ. Мы фарисейхэр цӀыху нэфхэм я нэф пашэхэщ. Зы нэфыр адрей нэфым гъуазэ хуэхъумэ, тӀури мащэм ихуэнущ.
– Фыщоуэ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм. – ФыщӀыщыуэр Тхьэм и псалъэу тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэр арщ.
Махуищ дэкӀа нэужь, Тхьэм и унэшхуэм щӀэсрэ дин егъэджакӀуэхэм яхэсу, абыхэм жаӀэм едаӀуэу икӀи еупщӀу къагъуэтыжащ щӀалэр.
Хьисэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт махуэ гуэрым. Галилей, Иудей хэкухэм щыщ жылагъуэ псоми, Ерусалими къикӀа фарисейхэри торэт егъэджакӀуэ пашэхэри Хьисэ къедаӀуэ цӀыхухэм яхэст. Сымаджэхэр игъэхъужыну Зиусхьэным и къарур хэлът Хьисэ.
– Ар дауэ зэрыхъур? – еупщӀащ Никодим Хьисэ.
Ауэ Гамалиил и цӀэу, цӀыху псоми щӀыхь зыхуащӀ фарисей икӀи торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм хэсти, къэтэджри, апостолхэр пэшым щӀашыну унафэ ищӀащ.
И теплъэкӀэ журтым хуэдэракъым журт пэжу щытыр, сунэту пкъым къыхэщу ящӀри аракъым сунэт пэжу щытыр.
Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.
Ар фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сунэт фащӀам фыхуэдэщ. ЦӀыхухэм ӀэкӀэ ящӀа сунэткъым ар, атӀэ къызыпкърыкӀар Мэссихьщ. Ар къыщыхъуар Мэссихь фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр щызыхывигъэна махуэрщ.