Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 21:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Симон Петр, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэ Фомэ, Галилей хэкум ит Канэ жылэм щыщ Нафанаил, Зеведей и къуитӀыр, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ нэгъуэщӀ лӀитӀ зэгъусэт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 21:2
12 Iomraidhean Croise  

Филипп, Варфоломей, Фомэ, хьэкътын ахъшэр хэзыхыу щыта Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей;


Хьисэ адэкӀэ кӀуэурэ, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзыру ирихьэлӀащ.


Ещхьыркъабзэу, Зеведей и къуитӀри, Екъубрэ Иуанрэ, Симон дэлажьэу щытахэр, къэуӀэбжьащ. – Умышынэ! – жриӀащ Хьисэ Симон. – Бдзэжьей къэвубыдын щхьэкӀэ, абы и ужь узэритам ещхьу, нобэ щыщӀэдзауэ цӀыхухэр сэ си гъуэгу къытебгъэхьэнущ.


Филипп кӀуэщ, Нафанаил къигъуэтри, жриӀащ: – Торэт хабзэм иту Мусэ бегъымбарми адрей бегъымбархэми зи гугъу ящӀар къэдгъуэтащ. Ар Исуф и къуэу Назарет къалэм щыщ Хьисэр аращ.


Хьисэ ар щажриӀэм, Фомэ ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм яжриӀащ: – ДывгъакӀуи, дэри Хьисэ и гъусэу дывгъалӀэ.


Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм хьэгъуэлӀыгъуэ щыӀащ ещанэ махуэм. Хьисэ и анэри абы ирихьэлӀащ.


Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.


– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.


Хьисэ Галилей хэкум ит Канэ жылэм кӀуэжащ аргуэру. А жылэращ псыр фадэ зыщищӀыгъар. Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэ гуэр Капернаум къалэм дэст. Абы и къуэр сымаджэу хэлът.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan