3 Петррэ Хьисэ и гъуэгум ирикӀуэ адрей лӀымрэ унэм щӀэкӀри, кхъэлэгъунэмкӀэ яунэтӀащ.
Петр тэджри, кхъэлэгъунэм жащ. Зригъэзыхыу, кхъэлэгъунэм щыщӀэплъэм, чэсей хужь джэбынхэм фӀэкӀа зыри илъэгъуакъым. А къэхъуар игъэщӀагъуэу, и унэм игъэзэжащ.
А тӀур зэгъусэу щӀэпхъуат, ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр Петр нэхърэ нэхъ псынщӀэу жэрти, ар кхъэлэгъунэм япэ нэсащ.