7 – Псылъэхэм псы изу ивгъахъуэ, – яжриӀащ Хьисэ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм. Арати, изыбзэу ирагъэхъуащ.
Фадэр щаухым, анэм Хьисэ жриӀащ: – Санэ яӀэжкъым.
– Хьисэ сыт къывжиӀэми, вгъэзащӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и анэм ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.
Мывэм къыхэщӀыкӀауэ псылъих щытт абдежым, журтхэм я дин хабзэм тету загъэкъэбзэн щхьэкӀэ. Дэтхэнэ псылъэми литр ищӀ-щэрэ тӀощӀрэ хуэдиз ихуэрт.
Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Псылъэхэм хуэм-хуэмурэ къифхи, хьэгъуэлӀыгъуэм и тхьэмадэм зэфэн хуэфхь. Апхуэдэуи ящӀащ.