Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 2:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Мывэм къыхэщӀыкӀауэ псылъих щытт абдежым, журтхэм я дин хабзэм тету загъэкъэбзэн щхьэкӀэ. Дэтхэнэ псылъэми литр ищӀ-щэрэ тӀощӀрэ хуэдиз ихуэрт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 2:6
9 Iomraidhean Croise  

– «Дагъэ фэндырищэ стелъщ», жиӀащ щӀыхуэ зытелъ лӀым. – «Мис, уи щӀыхуэ тхылъыр къэщтэж, тӀыси, псынщӀэу щэ ныкъуэ итхэ», жриӀэжащ абы.


– Псылъэхэм псы изу ивгъахъуэ, – яжриӀащ Хьисэ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм. Арати, изыбзэу ирагъэхъуащ.


Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщхэмрэ зы журт гуэррэ диным тету зызэрыбгъэкъэбзэжын ӀуэхугъуэмкӀэ зэныкъуэкъуу щӀадзащ.


Мэссихь и псэр щӀитар псымкӀи и псалъэхэмкӀи члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкъэбзэжу, гукъабзагъэ абыхэм яӀэ хъун щхьэкӀэщ.


Аращи, Хьисэ и лъыр ди гум триутхэу, дигукӀэ мыхъумыщӀэ зыри зыдэдмыщӀэжыну зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀи, дипкъхэр псы къабзэкӀэ зэрыттхьэщӀам щхьэкӀи, ди гум щыпкъагъэрэ фӀэщхъуныгъэшхуэрэ илъу, Тхьэм пэгъунэгъу дывгъэхъу.


цӀыхухэр яумэхъыным теухуауэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм фи Ӏэхэр тефлъхьэныр; лӀахэр къэтэджыжыныр, Тхьэм и хьэкуму мыкӀуэдыжыныр цӀыхухэм трищӀыхьыныр.


А тыгъэхэри а къурмэнхэри зэпха Ӏуэху къудейхэр шхэнми ефэнми я Ӏуэхумрэ диным теухуауэ зэхуэмыдэ щӀыкӀэу цӀыхухэм зызэрагъэкъэбзэжын Ӏуэхумрэщ. Ахэр цӀыхухэм япкъхэм епха унафэщ; Тхьэм Ӏуэху псори зэрихъуэкӀыжыхущ, а унафэхэр щыӀэн зэрыхуейр.


Мусэ бегъымбарым Торэт хабзэм и унафэ псори цӀыху псоми яригъэщӀа нэужь, цы плъыжь-фӀыцӀафэр иссоп зи цӀэ чыцэм и къудамэхэм япищӀэщ, танэхэмрэ бжэнхэмрэ я лъыр псы щӀыгъуу къищтэри, а къудамэхэмкӀэ тхылъымрэ цӀыху псомрэ ятриутхащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan