Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 2:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 жриӀащ: – СанэфӀыр Ӏэнэм япэ къытрагъэувэ. ХьэщӀэхэр куэд ефа нэужь, санэ нэхъ пудыр Ӏэнэм къытрагъэувэ, ауэ уэ фадэфӀыр иджыри къэс щыбгъэтащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 2:10
15 Iomraidhean Croise  

Исуф езым и Ӏэнэм телъ шхыныгъуэхэм щыщ абыхэм къахуригъэхьырт; Биниамин и Ӏыхьэр тхукӀэ нэхъыбэт дэтхэнэми ейм нэхърэ. Арати, ефахэщ, икӀи дэгуфӀащ абы.


«ФемыӀусэ Сэ къыхэсхахэм, евмыщӀэ бзаджагъэ си бегъымбархэм».


адрей унэӀутхэм яхэуэу икӀи ефакӀуэхэм ядефэу-ядешхэу щиублэкӀэ,


Ауэ а унэӀутым игукӀэ «Си тепщэр къэгувэнущ» жиӀэу адрей унэӀут цӀыхубзхэми цӀыхухъухэми яхэуэу икӀи ефэ-ешхэурэ удафэу щиублэкӀэ,


– «Си щӀалэ», жиӀащ Ибрэхьим, «уигу къэгъэкӀыж дунейм ущытетым уэ абы ӀыхьэфӀыр щыбгъуэтрэ, Лазар гугъу щехьу зэрыщытар. Ауэ абы игу зыгъэзагъэ фӀыгъуэхэр егъуэт иджы, уэ гугъу уохь.


Фэ фызэригугъэм хуэдэу, мы лӀыхэр чэфкъым, сыту жыпӀэмэ пщэдджыжьыр иджыри сыхьэтибгъу хъуа къудейщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фышхэ щыхъукӀэ, зыр адрейм пэмыплъэу, шхэн щӀыводзэ. Апхуэдэу, зыр ныбэнэщӀу къонэ, адрейр чэф мэхъури мэудафэ.


Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ жэщырщ цӀыхур щыжейр, икӀи жэщырщ ефэхэр щефэр.


Дунейм и пащтыхьхэм а псэжьым зинэ дащӀащ икӀи щӀылъэм тетхэри абы и зинэ фадэкӀэ удэфащ.


А цӀыхубзыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ Хьисэ щыхьэт хуэхъуахэмрэ ялъкӀэ удэфауэ слъэгъуащ. А цӀыхубзыр щыслъагъум, ину згъэщӀэгъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan