Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 2:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм хьэгъуэлӀыгъуэ щыӀащ ещанэ махуэм. Хьисэ и анэри абы ирихьэлӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 2:1
17 Iomraidhean Croise  

А псалъэхэр цӀыху гупышхуэм щажриӀэм, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къепсэлъэну хуейуэ къэкӀуауэ пщӀантӀэм дэтт.


Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр.


Иуан езым и гъуэгу ирикӀуэ лӀитӀ и гъусэу, а щӀыпӀэм деж щытащ етӀуанэ махуэми.


Хьисэ Галилей хэкум кӀуэну триубыдащ етӀуанэ махуэм. Хьисэ Филипп хуэзри, жриӀащ итӀанэ: – Си ужь къиувэ.


Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.


Симон Петр, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэ Фомэ, Галилей хэкум ит Канэ жылэм щыщ Нафанаил, Зеведей и къуитӀыр, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ нэгъуэщӀ лӀитӀ зэгъусэт.


Хьисэ Галилей хэкум ит Канэ жылэм кӀуэжащ аргуэру. А жылэращ псыр фадэ зыщищӀыгъар. Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэ гуэр Капернаум къалэм дэст. Абы и къуэр сымаджэу хэлът.


Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan