Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 18:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Арати, Иудэ зауэлӀ гупрэ дин пашэшхуэхэми фарисейхэми ягъэкӀуа хъумакӀуэ гупрэ здишащ. Ахэр къэкӀуащ Ӏэдакъэ мафӀэ нэхухэри, уэздыгъэхэри, Ӏэщэхэри яӀыгъыу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 18:3
15 Iomraidhean Croise  

– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр* а махуэм зыхуэдэу щытынур мыращ. ХъыджэбзипщӀ, я уэздыгъэхэр къыздащтэри, щауэм пежьэну дэкӀащ.


Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.


Дзэ пашэр я гъусэу, зауэлӀ гупымрэ журт хъумакӀуэхэмрэ Хьисэ яубыдри, Ӏэхъулъэхъу иралъхьащ.


Абдежым щӀыӀэти, унэӀутхэмрэ адрей лӀыхэмрэ фӀамыщӀ мафӀэ ящӀауэ загъэхуабэрт. Петри зигъэхуабэу абыхэм яхэтт.


Хьисэ ар щыжиӀэм, хъумакӀуэхэм ящыщу нэхъ пэгъунэгъур Хьисэ енэпэфауэри, жиӀащ: – Дин пашэшхуэм щхьэ упэпсэлъэжрэ?


Хьисэ щалъагъум, дин пэшэшхуэмрэ хъумакӀуэхэмрэ зэрыгъэкӀиящ: – Жорым еӀулӀ! Жорым еӀулӀ! – Ар фэ фшэи, жорым ефӀулӀ, – яжриӀащ Пилат, – сэ зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀакъым.


ЦӀыхухэм Хьисэ теухуауэ Ӏущащэу ягъэхъыбархэр фарисейхэм щызэхахым, абыхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ яубыдыну ӀуэхутхьэбзащӀэхэр ягъэкӀуащ.


– Си къуэшхэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псалъэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут пащтыхьым и гум кърилъхьэу, Иудэ зи цӀэм теухуауэ жригъэӀахэр пэж хъун хуеящ. А Иудэращ Хьисэ зыубыдахэм гъуэгур езыгъэлъэгъуар.


Корнелий зи цӀэ лӀы гуэр дэсащ Кесарие къалэм. Ар Италие къэралым щыщ дзэм хэту, зауэлӀищэ хъу гупым я пашэхэм ящыщащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan