А псори зы ирехъу. Уэ, си Адэ, уи псэм сыщыщу, уэри си псэм узэрыщыщым хуэдэу, дэ абыхэми я псэм дыщыщ пщӀыну сынолъэӀу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар дунейм и цӀыхухэм я фӀэщ хъунущ итӀанэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу дыпсэун щхьэкӀэ, дызыхуэныкъуэ псори Мэссихь Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къыдитащ. Ар щӀилэжьар Тхьэуэ зи щӀыхьышхуэкӀи и фӀыгъуэшхуэкӀи и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхуезыджар зэрытщӀэращ.
Ауэ дэ Тхьэм дрибынщ. Тхьэр зыщӀэ цӀыхур дэ къыдодаӀуэ, ауэ Тхьэм и быну щымытыр дэ къыдэдаӀуэркъым. Аращ щыпкъагъэм и Псэр зи гум илъри гъэпцӀагъэм и псэр зи гум илъри къыдэзыгъащӀэр.