3 Адэ лъапӀэри сэри дызэрамыцӀыхум щхьэкӀэ а Ӏуэхухэр ялэжынущ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм захуигъазэри, жиӀащ итӀанэ: – Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.
Ауэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, а бзаджагъэ псори къыващӀэнущ, сэ сыкъэзыгъэкӀуар яцӀыхуркъыми.
Сэ сыкъэзылъагъу мыхъум си Адэри илъагъу хъуркъым.
– Си Адэ захуэ, дунейм и цӀыхухэм уэ уащӀэркъым, ауэ сэ узощӀэ. Си цӀыхухэм уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар ящӀэ.
ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.
ИтӀанэ къеупщӀащ: – Дэнэ щыӀэ уи Адэр? – Сэри си Адэри фэ дыкъэфцӀыхуркъым, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Сэ сыкъэфцӀыхуу щытатэмэ, си Адэри фцӀыхунт.
Ар фэ фщӀэркъым, сэ сощӀэ ар. Ар сымыщӀэу жысӀатэмэ, фэ фхуэдэу сэри пцӀыупс сыхъунт. Ауэ сэ ар сощӀэ, абы и псалъэхэри согъэзащӀэ.
– Абы нэмыщӀу, си къуэшхэ, фэри фи тхьэмадэхэми Хьисэ ефщӀар фи гунэфыгъэкӀэ зэрыфщӀар сощӀэ сэ.
Мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэхэм ящыщ зыми а акъылыфӀагъэр къищӀакъым. Абыхэм къащӀатэмэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Зиусхьэныр жорым ираӀулӀынтэкъым.
Тхьэр зымыщӀэ цӀыхуу, ди Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, мафӀэшхуэу зэщӀэплъар къыздихьынурэ, Зиусхьэн Хьисэ дунейм къэкӀуэжынущ.
Сэ ар згъэпцӀу, абы и цӀыхухэм гугъуехь езгъэшэчу икӀи абы сыхущӀэджэу щыта пэтми, гущӀэгъу къысхуищӀащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ симыӀэу, злэжьу щыта Ӏуэхухэр зыхуэдэр къызгурымыӀуэу сыпсэуэ щытати.
Къуэ лъапӀэр зымыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъкъым. Къуэ лъапӀэр зыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъщ.
Адэ лъапӀэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм фегупсыс. «Фэ фызибынщ», жеӀэ. Абы и бынхэуи дыщытщ. Мы дунейм и цӀыхухэм дэ дыщӀамыщӀэр Адэ лъапӀэр ящӀэркъыми, аращ.
ФӀылъагъуныгъэ зи гум имылъым Тхьэр зыхуэдэр ищӀэркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр езыр фӀылъагъуныгъэщ.
Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.