2 Синэгуэгухэми фыкъыщӀахунущ. Уеблэмэ фэ фызыукӀ дэтхэнэми Тхьэм абыкӀэ хуэлажьэу щигугъэну махуэр къэсынущ.
Псэр зыукӀын зылъэмыкӀыу, Ӏэпкълъэпкъыр зыгъэкӀуэдхэм фащымышынэ, ауэ псэри Ӏэпкълъэпкъри жыхьэнмэм хэзыгъэкӀуэдэфынум фыщышынэ.
– ЦӀыхухэм фэ гугъуехь фагъэшэчын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм фырагъэубыдынурэ фрагъэукӀынущ икӀи сэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ лъэпкъ псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ.
Гъуэгу махуэ фытеуващ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ цӀыхухэр фэ жагъуэгъу къыфхуэхъумэ, фызыхагъэкӀмэ, къыфхуэхъущӀэмэ, икӀи фи цӀэр ягъэпудмэ.
Апхуэдэу щыт пэтми, журт пашэхэми ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, ауэ цӀыхухэм я пащхьэм ар щыжаӀэртэкъым, «Синэгуэгум дыкъыщӀахунущ», жаӀэри, фарисейхэм ящышынэрти.
– Ущие хъыбаркӀэ сынывэпсэлъащ иджыри къас. Ауэ ущие хъыбаркӀэ сыныщывэмыпсэлъэжыну махуэр къоблагъэ. А махуэр къыщыскӀэ, Адэ лъапӀэм теухуар нахуэу фхуэсӀуэтэнущ.
– Мис, фэ фызэбгрыкӀыжу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и унэм щигъэзэжыну сыхьэтыр къос икӀи къэсакӀэщ. Сэ си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, Адэ лъапӀэр си гъусэщ.
– Уэ, цӀыхубз, – жиӀащ Хьисэ, – уи фӀэщ гъэхъу, мы Ӏуащхьэми Ерусалими Адэ лъапӀэм фыщыщемылъэӀун махуэ къэсынущ.
Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Адэ лъапӀэм щыпкъэу елъэӀухэр гурэ псэкӀи щыпкъагъэкӀи щелъэӀун махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ. Апхуэдэу елъэӀухэращ Адэ лъапӀэм и щӀасэр.
ЛӀым и адэ-анэм ар щӀыжаӀар журтхэм ящышынэрти, аращ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихьу зылъытэ дэтхэнэри синэгуэгум щӀахуну журтхэр зэгурыӀуат.
– Уэ гуэныхьыщӀэ зэфэзэщу укъалъхуащ, – жэуап къратащ абыхэм. – Уэ дэ дыбгъэсэжыну ара? Синэгуэгум къыщӀахужащ ар итӀанэ.
Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм ар щызэхахым, къызэщӀэплъэри, апостолхэр яукӀыну хэтащ.
– Феплъ, – жиӀащ Стефан, – уафэхэр зэӀухауэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэту солъагъу.
ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къыщыттепсэлъыхькӀи, абыхэм дахуэу дахущытщ. Дунейм и пхъэнкӀийуэ, щӀым и фӀейм хуэдэу дыкъэнащ.
Тхьэ гъэлъэпӀэным си фӀэщу сыхэту, члисэ зэхуэсым щыщхэм гугъуехь езгъэшэчащ. Торэт хабзэм итхэр бгъэзащӀэурэ, абы и гъуэгукӀэ щыпкъагъэ уиӀэ хъуну щытмэ, зыми сызэригъэкъуэншэн лъэпкъ збгъэдэлъакъым.
Абы и ужькӀэ, етхуанэ мыхъурыр Щынэм щытричым, цӀыхуу адрей цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм зэрыригъэдэӀуамрэ а псалъэхэм щыхьэтыгъэ зэрахуэхъуахэмрэ щхьэкӀэ яукӀахэм я псэхэр къурмэнщӀыпӀэм и щӀагъым щыслъэгъуащ.