1 – Мы Ӏуэху псори щӀывжесӀар си гъуэгу фытемыкӀын щхьэкӀэщ.
Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр.
Ауэ абы игукӀэ лъабжьэ зэримыӀэм щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум куэдрэ теткъым. Тхьэм и псалъэхэм щхьэкӀэ гузэвэгъуэ зэрыхэхуэу, е цӀыхухэм абы гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщӀадзэу, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум токӀыж ар.
Апхуэдэу щӀэупщӀэурэ, Хьисэ щхьэкӀэ я гум мыхъун кърагъэхьащ. – Бегъымбарым щӀыхь хуэзымыщӀыр езыр щапӀа къалэм дэсхэмрэ и унагъуэм щыщхэмрэ я закъуэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
ЦӀыху куэд фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀынущ абы щыгъуэ; зым адрейр тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдынущ, зым адрейр илъагъу мыхъу хъунущ.
Мы Ӏуэхухэр щӀывжесӀар си гуфӀэгъуэр фигу илъыну, фи гуфӀэгъуэри нэсауэ щытын щхьэкӀэщ.
А Ӏуэхухэр иджы щӀывжесӀэр а махуэр къэсмэ, ахэр зэрывжесӀар фигу къэвгъэкӀыжын щхьэкӀэщ. Ахэр сэ вжесӀакъым нэхъапэм, сызэрывигъусам къыхэкӀкӀэ.
Лы умышхыныр, фадэ уемыфэныр, уи къуэшым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэну ухэмытыныр, е абы гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхум ухэмытыныр фӀыщ. Апхуэдэу, уи къуэшым зыри лъэмыкӀыж зыщӀ Ӏуэхуми ухэмытыныр фӀыщ.
Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ.
Абы нэмыщӀу, «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэуи» хъуащ. Тхьэм и псалъэхэм зэремыдаӀуэм щхьэкӀэ, ахэр мэлъэпэрапэ, Тхьэм абыхэм зэрахуигъэнэхуам хуэдэу.