12 Мыращ си унафэр: Сэ фэ фӀыуэ фызэрыслъэгъуам хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъун хуейщ.
– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.
ФӀыуэ фызэрылъагъуну аращ унафэу фхуэсщӀыр.
Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ.
Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.
Дэ фэ фӀыуэ фызэрытлъагъум хуэдэу, Зиусхьэным нэхъыфӀыжу зэпымыууэ фызэригъэлъагъужын, цӀыху псори зэпымыууэ фӀыуэ фигъэлъагъун ирехъу.
Зэшхэм хуэдэу фӀыуэ фызэрылъагъун зэрыхуейр ныфхуэстхыну лейщ. ФӀыуэ фызэрылъагъун зэрыхуейр Тхьэм фигъэщӀащ.
Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.
Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,
ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.
Псом япэрауэ фи фӀэщу фӀыуэ фызэрылъагъу, фӀылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури.
Мыращ и унафэр: и Къуэу Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэнырщ икӀи Мэссихь унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, фӀыуэ дызэрылъагъунырщ.
Тхьэм мы унафэр къытхуищӀащ: Тхьэр фӀыуэ зылъагъум и къуэшри фӀыуэ илъагъун хуейщ.
Иджы, гуащэ лъапӀэ, сынолъэӀу: ФӀыуэ дызэрывгъэлъагъу. Ар унафэщӀэм хуэдэу ныпхуэстхыркъым, ар япэм къыщыщӀэдзауэ диӀа унафэу щытщ.