Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 15:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 – Жызумыпкъ пэжыр сэращ, жызумгъэкӀри си Адэращ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 15:1
28 Iomraidhean Croise  

– Си Адэу уафэм щыӀэм химыса дэтхэнэ къэкӀыгъэри лъабжьэкӀэ къыхатхъыжынущ, – яжриӀащ Хьисэ.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Жызум хадэ зиӀэ гуэрым и жызум хадэм щигъэлэжьэн лэжьакӀуэхэр къилъыхъуэну пщэдджыжьым жьыуэ дэкӀащ.


– НэгъуэщӀ ущие хъыбари фыкъедаӀуэ. Унэр зей гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Хадэр мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр.


Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм епсалъэу щӀидзащ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр.


Хьисэ мы ущие хъыбарыр яжриӀащ итӀанэ: – Зыгуэрым и хадэм ахъуо жыг итт. Абы къыпыкӀаӀамэ, еплъыну къыщыкӀуэм, къыпыкӀаӀауэ зыри игъуэтакъым.


Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.


Нэху пэжу цӀыху псори къэзыгъэнэхур дунейм къытехьэну щытащ.


Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – Мусэ бегъымбарыракъым уафэм къеха щӀакхъуэр къывэзытар, атӀэ си Адэр арщ уафэм къикӀ щӀакхъуэ пэжыр къывэзытыр;


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си пкъыр шхыныгъуэ щыпкъэщ, силъри узэфэ хъун щыпкъэщ.


Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэхэм ящыщ гуэрхэр Тхьэм къыпищӀыкӀри, уэ, губгъуэм ит зейтун жыг къудамэм хуэдэр, адрей къудамэхэм я пӀэм удигъэкӀащ. Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэ къэнахэм уращӀыгъуу а жыгым и лъабжьэми ипсми я фӀагъ къыуагъэкӀ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэгъусэу Тхьэм дыхуолажьэ. Фэ Тхьэм и хьэсэм фыхуэдэщ, Тхьэм иухуэ унэм фыхуэдэщ.


Апхуэдэу щыт пэтми, унафэу ныфхуэстхыр унафэщӀэщ; а унафэм и пэжыгъэр Мэссихь къыфхуигъэлъэгъуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀыфӀыгъэр мэкӀуэдыжри, нэху пэжыр къолъагъуэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan