3 И ӀэмыщӀэм Адэ лъапӀэм псори къызэрырилъхьари, Тхьэм зэрыщыщри, Тхьэм деж зэригъэзэжынури ищӀэрти,
– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм захуигъазэри, жиӀащ итӀанэ: – Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.
Тхьэр и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым игъащӀэм. Къуэ закъуэу Адэ лъапӀэм деж щыӀэм Тхьэр зыхуэдэр къытхуигъэнэхуащ.
ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат. Дунейм ехыжу, Адэ лъапӀэм и деж щигъэзэжыну пӀалъэр къызэрысар Хьисэ ищӀэрт. Езым и цӀыхуу дунейм тетхэр фӀыуэ илъагъурт, и кӀэм нэсыхуи фӀыуэ илъэгъуащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну уи Къуэм и ӀэмыщӀэ ахэр иплъхьащ, уэ абы и ӀэмыщӀэ иплъхьа цӀыху псоми мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритын щхьэкӀэ.
Уафэм зы цӀыхуи дэкӀуеякъым, ауэ уафэр зи псэупӀэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къехащ.
Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъури, и ӀэмыщӀэ псори кърилъхьащ.
сэ соцӀыху ар, сэ абы сыщыщщ, аращ сыкъэзыгъэкӀуари.
Ауэ Хьисэ жиӀащ: – Сэ мащӀэщ сызэрыфхэтынур, сыкъэзыгъэкӀуам и деж сыкӀуэжынущ итӀанэ.
– Сэ щыхьэт сызытехъуэжми, си щыхьэтыгъэр ирикъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри сощӀэ. Ауэ фэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри фщӀэркъым.
– Тхьэр фи адэу щытатэмэ, сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъунт, – яжриӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ Тхьэм сыщыщу, мыбы сыкъэкӀуащ. Сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.
– Аращи, Израил цӀыху псоми мыр быдэу зэвгъащӀэ: фэ жорым ефӀулӀа Хьисэ Тхьэм Зиусхьэн икӀи Мэссихь ищӀащ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Тхьэм псори Мэссихь и лъэгу щӀагъым щӀигъэуващ». Тхьэм псори Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэувауэ жиӀэу, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщи, Мэссихь и тепщэныгъэм псори щӀэзыгъэува Тхьэр зэрахэмытыр нахуэщ.
Ауэ мы зэманым, мы дунейм и иужьрей дыдэ махуэхэм, Тхьэр и Къуэм и жьэкӀэ дэ къыдэпсэлъащ. Тхьэм Ӏуэху псори и Къуэм и ӀыхьэфӀ хъуну игъэуващ, абыи дунейр къригъэгъэщӀащ.