Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 13:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат. Дунейм ехыжу, Адэ лъапӀэм и деж щигъэзэжыну пӀалъэр къызэрысар Хьисэ ищӀэрт. Езым и цӀыхуу дунейм тетхэр фӀыуэ илъагъурт, и кӀэм нэсыхуи фӀыуэ илъэгъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 13:1
44 Iomraidhean Croise  

Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж къигъэзэжри, яжриӀащ: – Зывгъэпсэхуу фыжейрэ иджыри? Мис, пӀалъэр къэблэгъащ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ.


унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.


Тхьэм и унэшхуэм сывигъусэу махуэ къэс сыщӀэтт, ауэ сывубыдакъым. Фи пӀалъэр къэсащ иджы икӀи мы сыхьэтым кӀыфӀыгъэ бзаджэм тепщэныгъэр ӀэщӀыхьащ.


Тхьэм Хьисэ уафэм щыдришеижыну махуэр къыщыблагъэм, Хьисэ Ерусалим кӀуэну мурад ищӀащ.


Журтхэм я махуэшхуэ ӀутӀыжыр къэблэгъати, диным зэрыжиӀэм тету, а махуэшхуэм и пэ къихуэу загъэкъэбзэжыну а хэкум щыщ цӀыху куэд Ерусалим кӀуащ.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм щалъагъуну сыхьэтыр къэсащ, – яжриӀащ Хьисэ.


Иудэ абыхэм я ахъшащхьэр зэриӀыгъым щхьэкӀэ, е «ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ дызыхуэныкъуэр къэщэху», е «ТхьэмыщкӀэхэм зыгуэр ет» жиӀэу, Хьисэ абы жриӀауэ я гугъащ языныкъуэхэм.


И ӀэмыщӀэм Адэ лъапӀэм псори къызэрырилъхьари, Тхьэм зэрыщыщри, Тхьэм деж зэригъэзэжынури ищӀэрти,


– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.


– «СыфхэкӀыжми, фи деж сыкъэкӀуэжынущ» жысӀэу зэрывжесӀар зэхэфхащ. Сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъуу щытатэмэ, «Адэ лъапӀэм деж сыкӀуэжынущ» зэрыжысӀам щхьэкӀэ фыгуфӀэнт, Адэ лъапӀэр сэр нэхърэ нэхъыщхьэщи.


Ауэ Адэ лъапӀэр фӀыуэ зэрыслъагъури, унафэу къысхуищӀахэр зэрызгъэзэщӀари дунейм и цӀыхухэм ящӀэн хуейщ. Фыкъэтэджи, мыбдежым дыӀувгъэкӀыж.


Адэ лъапӀэм сыщыщу дунейм сыкъытехьащ. Дунейм аргуэру сытекӀыжынурэ, Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущ.


А псалъэхэм я ужькӀэ, Хьисэ уафэм дэплъейри, жиӀащ: – Си Адэ, пӀалъэр къэсащ. Уи Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу, уи Къуэми уэ уи щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.


Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм щыщкъым.


Сэ уэ абыхэм уезгъэщӀащ икӀи уезгъэщӀэнущ, уэ къысхууиӀэ фӀылъагъуныгъэр сыт щыгъуи абыхэм ягу илъын, сэри абыхэм я псэм сыщыщын щхьэкӀэ.


Си Адэ, дунейр къэхъун и пэкӀэ уи деж сэ щызиӀа щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэр уи деж щызиӀэ щӀы.


Хьисэ къыщыщӀыну псори езым ищӀэжырти, япежьэри еупщӀащ: – Хэт фызылъыхъуэр?


И лэжьыгъэр зэрынигъэсар ищӀэрти, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтхэр пэж хъун щхьэкӀэ, Хьисэ жиӀащ: – Псы схуолӀэ.


Журтхэм я ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъащ, Хьисэ Ерусалим дэкӀуеящ.


Журтхэм я ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат.


Ар щыжиӀэм, Хьисэ яубыдыну хуежьащ, ауэ ар щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми, и Ӏэр зыми хуэӀэтакъым.


Абы и жэуапу Хьисэ яжриӀащ: – Сэ си пӀалъэр иджыри къэсакъым, ауэ фэркӀэ сыт щыгъуи пӀалъэщ.


Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм бгъэдэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэм, а псалъэхэр жиӀащ Хьисэ. Ар зыми иубыдакъым, щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми.


Ауэ мы Ӏуэху псомкӀи фӀыуэ дызылъэгъуам и къарукӀэ текӀуэныгъэшхуэр дыдейщ.


Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, и кӀэм нэсыху гъуэгу захуэм быдэу фытригъэтынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу.


Мэссихь Тхьэм и унагъуэр зи ӀэмыщӀэ илъ Къуэщ. Дигу дымыгъэныкъуэу, дызэрыгуфӀэу икӀи дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхум и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэри абы и унагъуэм дыщыщщ.


Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхухэр вгъуэтын щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэри игукӀи и псэкӀи Тхьэм и Ӏуэхум и кӀэм нэсыху емышу хущӀэкъуну дыхуейщ.


Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ.


Тхьэм япэщӀыкӀэ дэ фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэ ди гуми фӀылъагъуныгъэ илъщ.


Хьисэ Мэссихьщ щыхьэт пэжыр, япэу лӀахэм къахэтэжыкӀыжар арщ, щӀылъэм тет пащтыхьхэм я пашэр аращ. Абы фӀыуэ делъагъу, и лъыр жорым зэрыщыщӀэкӀам щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщихыжащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan