Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 12:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Хьисэ пщыхьэщхьэшхэ къыхуагъэхьэзыращ, Марфэ бысымгуащэу къащхьэщытт. Хьисэ и гъусэу Ӏэнэм пэрысхэм Лазар яхэст.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 12:2
12 Iomraidhean Croise  

Хьисэ Вифание жылэм дыхьауэ, уэшын уз зэфыкӀ Симон и унэм щӀэст.


Уэшын уз зэфыкӀ Симон и унэм щӀэсу, и Ӏэнэм пэрысу, Хьисэ Вифание жылэм щышхэрт. Здэшхэм, цӀыхубз гуэр унэм къыщӀыхьащ. Алавастэр зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ, абы зы барщыбэ иӀыгът. НардкӀэ зэджэ къэкӀыгъэм и дагъэ къабзэу икӀи лъапӀэу мэ ӀэфӀ къызыпихыр итт а барщыбэм. ЦӀыхубзым барщыбэр икъутэри, Хьисэ и щхьэм дагъэ трикӀащ.


Тепщэм къигъэзэжа нэужь, мыжейуэ икӀи сакъыу къызрихьэлӀэж унэӀутхэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, абы и цеикӀэр диупщӀэнущ, Ӏэнэм пэригъэтӀысхьэнущ икӀи езыр къэкӀуэнурэ къащхьэщытынущ.


Хьисэ и бысымым жриӀащ итӀанэ: – Уэ шэджагъуашхэ е пщыхьэщхьэшхэ щыпщӀкӀэ, уи ныбжьэгъухэри, уи къуэшхэри, уи благъэхэри, уи гъунэгъу бейхэри къыумыгъэблагъэ. Ахэр къебгъэблагъэмэ, яхуэпщӀар къыпхуащӀэжын папщӀэ урагъэблэгъэжынкӀэ хъунущ.


Хэт нэхъ иныр: Ӏэнэм бгъэдэсыра, хьэмэрэ щхьэгъэрытыра? Ӏэнэм бгъэдэсыракъэ? Ауэ сэ щхьэгъэрытым хуэдэу сыфхэтщ.


Левий и унэм гухэхъуэ Ӏэнэ Хьисэ щыхутригъэуващ итӀанэ. Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри нэгъуэщӀ хьэщӀэ куэди Ӏэнэм пэрыст.


Мис, бжэм сыӀуту сынытоуӀуэ. Зыгуэрым си макъыр зэхихрэ, бжэр къызэӀуихмэ, сыщӀыхьэнурэ, сэ абы сыдэшхэнущ, езыри сэ къыздэшхэнущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan