1 ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуих иӀэжу, Хьисэ Вифание жылэм къэкӀуащ. Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазар абы щыпсэурт.
Хьисэ ахэр Ерусалим дишщ, Вифание жылэм и гъунэгъуу ишэщ, и Ӏэхэр къиӀэтри, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну яхуелъэӀуащ.
Махуэшхуэм щыгъуэ Тхьэм елъэӀуну къэкӀуахэм алыдж гуэрхэр яхэтт.
Журтхэм я махуэшхуэ ӀутӀыжыр къэблэгъати, диным зэрыжиӀэм тету, а махуэшхуэм и пэ къихуэу загъэкъэбзэжыну а хэкум щыщ цӀыху куэд Ерусалим кӀуащ.
Лазар зи цӀэ лӀы гуэр сымаджэт. Ар Вифание жылэм щыщт. Мэрием и шыпхъу Марфи а жылэм щыщу щытащ.
Хьисэ абыхэм яхэкӀщ, къалэм дэкӀщ, Вифание жылэм кӀуэри, жэщыр абы щрихащ.
ЛӀар, и Ӏэхэми и лъакъуэхэми джэбынхэр къешэкӀауэ, и нэкӀуми щэкӀ хужь тепхъуауэ, кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжащ. – Джэбыныр къыкӀэрыфхыжи, вгъэкӀуэж, – яжриӀащ Хьисэ.
Хьисэ Ерусалим дыхьэри, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ итӀанэ. Псори къызэпиплъыхьа нэужь, махуэр хэкӀуэтати, къалэм дэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу, Вифание жылэм кӀуащ.
Къалэм щыщ гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжь гуэрым Хьисэ фарисейм и унэм щышхэну зэреблэгъар къищӀащ. Алавастрэ зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ, зы барщыбэ, дагъэ лъапӀэ иту, къыздихьри къэкӀуащ ар.
Ар жиӀа нэужь, Хьисэ и макъым зригъэӀэтащ. – Лазар, мыбы къыщӀэкӀыж!
Хьисэ абы зэрыщыӀэр журтхэм ящыщ цӀыху куэдым зэхахати, къэкӀуащ, ауэ къыщӀэкӀуар Хьисэ и закъуэ къудейтэкъым, Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазари зрагъэлъагъуну хуейт.
Махуэшхуэм щхьэкӀэ къекӀуэлӀа цӀыху куэдым Хьисэ Ерусалим къызэрыкӀуэр зэхахащ етӀуанэ махуэм.