Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 11:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Лазар зи цӀэ лӀы гуэр сымаджэт. Ар Вифание жылэм щыщт. Мэрием и шыпхъу Марфи а жылэм щыщу щытащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 11:1
15 Iomraidhean Croise  

Абы и ужькӀэ Исуф къыжраӀащ: – Уи адэр сымаджэщ. Исуф здишащ езым и къуитӀыр – Мынасрэ Ефраимрэ, Екъуб деж.


Хьисэ абыхэм яхэкӀщ, къалэм дэкӀщ, Вифание жылэм кӀуэри, жэщыр абы щрихащ.


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм и лъапэм тес жылэхэу Виффагиерэ Вифаниерэ щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу цӀыхуитӀ япэ иригъэщащ,


А псалъэхэр яжриӀа нэужь, щӀигъужащ: – Ди ныбжьэгъу Лазар жеящ, ар къэзгъэушыжыну сокӀуэ.


Вифание жылэр стадие пщыкӀутхукӀэ Ерусалим пэжыжьэт.


Лазар зэрылӀам щхьэкӀэ къахуэгузэвэну, журтхэм ящыщ куэд Марфэрэ Мэриемрэ я деж къэкӀуащ.


Арати, зэшыпхъуитӀым Хьисэ лӀыкӀуэ хуагъакӀуэри жраӀащ: – Зиусхьэн! Уэ фӀыуэ плъагъур сымаджэщ.


Хьисэ и гъуса цӀыху куэдым адрейхэм зэпымыууэ хуаӀуэтэу щытащ Хьисэ Лазар еджэу, кхъэлэгъунэм къыщӀигъэкӀыжу, лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжар.


Хьисэ абы зэрыщыӀэр журтхэм ящыщ цӀыху куэдым зэхахати, къэкӀуащ, ауэ къыщӀэкӀуар Хьисэ и закъуэ къудейтэкъым, Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазари зрагъэлъагъуну хуейт.


А махуэхэм сымаджэ къэхъури, ар дунейм ехыжащ. И хьэдэр ягъэпскӀри, унэм и етӀуанэ къатым драхьеящ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan