8 Сяпэ къэкӀуауэ щыта псори дыгъуакӀуэт икӀи хъунщӀакӀуэти, мэлхэр абыхэм едэӀуакъым.
Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэмкӀэ щӀэмыхьэу, нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ дэпщейр дыгъуакӀуэщ икӀи хъунщӀакӀуэщ.
Си мэлхэр си макъым йодаӀуэ. Сэ ахэр соцӀыху, езыхэри си ужь иту къокӀуэ.
Ауэ хамэ гуэрым и ужь иувэркъым, зэбгрож, хамэм и макъыр яцӀыхуркъыми.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Февдэ и цӀэу лӀы гуэр зэрыпсэурэ куэд щӀакъым. Абы цӀыху ин гуэру закъыфӀигъэщӀурэ, лӀы щиплӀ хуэдизи гъусэ къыхуэхъуащ, арщхьэкӀэ ар яукӀащ, и гъусэхэри зэбгрыкӀыжри кӀуэдыжащ.