3 ХъумакӀуэм мэлыхъуэм бжэр къыхуӀуех, мэлхэри мэлыхъуэм и макъым йодаӀуэ. Мэлыхъуэр и мэлхэм я цӀэкӀэ йоджэри, къыщӀеш.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Гъитит пшынэдыкъуакъуэкӀэ дежьууэ. Асаф и уэрэд
– МэлыхъуэфӀыр сэращ. Адэ лъапӀэм сыкъицӀыхуу, сэри Адэ лъапӀэр зэрысцӀыхум хуэдэу, си мэлхэр соцӀыху, мэлхэми сыкъацӀыху. Сэ си псэр мэлхэм папщӀэ сот.
Мы мэл хъушэм щымыщу нэгъуэщӀ мэлхэри сиӀэщ. Ахэри си деж къэсшэн хуейщ, ахэри си макъым къедэӀуэнущ. Псори зы мэл хъушэрэ зы мэлыхъуэрэ хъунущ.
Мэлыхъуэм и мэл псори къыщӀиша нэужь, езыр япэ иту йожьэ. Мэлхэм мэлыхъуэм и макъыр яцӀыхури, абы и ужь иту макӀуэ.
Бжэр сэращ. А бжэмкӀэ щӀыхьэр мыкӀуэду къелынущ, щӀыхьэнущ икӀи къыщӀэкӀыжынущ, хъупӀи игъуэтынущ.
Адэ лъапӀэм къызит цӀыху псори си деж къэкӀуэнущ, си деж хэт къакӀуэми, сэ збгъэдэзгъэкӀыжынукъым.
Бегъымбархэм мыпхуэдэу ятхащ: «Тхьэм абыхэм псоми щыпкъагъэр яригъэщӀэнущ». Адэ лъапӀэм жиӀэм едаӀуэу, ахэр зэзыгъащӀэ дэтхэнэри си деж къэкӀуэнущ.
Тхьэм игъэува цӀыхухэр и бын хъунуи къыхуриджащ. Къриджахэми щыпкъагъэ яӀэу илъытащ. Езым щыпкъагъэ зиӀэу илъытахэми щӀыхьышхуэ яӀэ ищӀащ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ куэбжэшхуэ икӀи куэбжэ бгъуфӀэ Тхьэм къысхузэӀуихащ, къыспэувхэри куэдщ.
Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ.
Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.
Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ».
Бегъымбархэр зытепсэлъыхьу щыта Ӏуэхухэр езыхэм я зэманым къэмыхъуу, фэ фи зэманым къызэрыхъунур Тхьэм къагуригъэӀуэгъащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу уафэм къахуригъэхам и лъэкӀыныгъэкӀэ хъыбарыфӀыр къыфхуэзыӀуатэхэм мы Ӏуэхухэм я хъыбарыр иджы фи деж къагъэсащ. А Ӏуэхухэм яхэплъэну мелыӀычхэри хуейщ.
Ауэ дэ Тхьэм дрибынщ. Тхьэр зыщӀэ цӀыхур дэ къыдодаӀуэ, ауэ Тхьэм и быну щымытыр дэ къыдэдаӀуэркъым. Аращ щыпкъагъэм и Псэр зи гум илъри гъэпцӀагъэм и псэр зи гум илъри къыдэзыгъащӀэр.
ЩӀэхыу услъагъуу, итӀанэ дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэну сыщогугъ.
МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.
Мис, бжэм сыӀуту сынытоуӀуэ. Зыгуэрым си макъыр зэхихрэ, бжэр къызэӀуихмэ, сыщӀыхьэнурэ, сэ абы сыдэшхэнущ, езыри сэ къыздэшхэнущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тахътэм и кум тес Щынэр абыхэм Ӏэхъуэ яхуэхъунущ; икӀи гъащӀэ къэзыт псынащхьэхэм я деж ахэр ишэнущ. Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ.