2 ЧэтыбжэмкӀэ щӀыхьэр мэлхэр зыгъэхъур арщ.
Зиусхьэным и Ӏэ илъщ щӀыгури абы щыӀэ псори; дунеишхуэри абы щыпсэу псори;
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Гъитит пшынэдыкъуакъуэкӀэ дежьууэ. Асаф и уэрэд
ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и жьэм къыжьэдыхьэр аракъым, атӀэ жьэм къыжьэдэкӀырщ.
– МэлыхъуэфӀыр сэращ. Адэ лъапӀэм сыкъицӀыхуу, сэри Адэ лъапӀэр зэрысцӀыхум хуэдэу, си мэлхэр соцӀыху, мэлхэми сыкъацӀыху. Сэ си псэр мэлхэм папщӀэ сот.
Арати, Хьисэ аргуэру жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэр сэращ.
Бжэр сэращ. А бжэмкӀэ щӀыхьэр мыкӀуэду къелынущ, щӀыхьэнущ икӀи къыщӀэкӀыжынущ, хъупӀи игъуэтынущ.
Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.
Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуэну члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я Ӏэхэр къыптралъхьэурэ, уэ птеухуауэ Тхьэм езым и псалъэхэр абыхэм я гум кърилъхьэу къащыжригъэӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм лъэкӀыныгъэу къуитам узэрыхэтыным хущӀэкъу.
Крит хытӀыгум укъыщӀытезнар Ӏуэху ныкъуэщӀэхэр нэбгъэсын икӀи, сэ унафэ зэрыпхуэсщӀам тету, дэтхэнэ къалэми нэхъыжьхэр члисэ зэхуэсхэм яхуэбгъэувын щхьэкӀэщ.
Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьу мэлыхъуэ лэгъупэжьыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Хьисэ и лъыр арщ мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэу Тхьэм езымрэ дэрэ дяку къыдилъхьар мыхъурым хуэдэу зыгъэпэжар.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ мэл щхьэрыуахэм фахуэдэти, фи псэхэм я хъумакӀуэм икӀи фи мэлыхъуэм деж иджы фыкъэкӀуащ.
ИтӀанэ япэрей мэлыхъуэ Мэссихьыр къыщылъагъуэкӀэ, текӀуэныгъэм и таж щӀыхьышхуэ зиӀэу мыкӀуэдыжынур къывитынущ.
Си Ӏэ ижьымкӀэ сӀыгъа вагъуиблымрэ дыщэм къыхэщӀыкӀа уэздыгъэ тегъэувапӀиблымрэ къикӀыр мыращ: Вагъуиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблым я мелыӀычхэр арщ. Уэздыгъэ тегъэувапӀиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблыр аращ».