1 Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэмкӀэ щӀэмыхьэу, нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ дэпщейр дыгъуакӀуэщ икӀи хъунщӀакӀуэщ.
– Бегъымбар нэпцӀхэм фахуэсакъ. Абыхэм мэл Ӏэсафэ зытрагъауэ, ауэ ягукӀэ дыгъужь хъунщӀакӀуэхэм хуэдэу фи деж къокӀуэ.
Арати, Хьисэ аргуэру жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэр сэращ.
– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.
Тхьэм цӀыхухэм къалэн ящимыщӀмэ, абыхэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дауэ зэрыхуаӀуэтэнур? Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «ХъыбарыфӀыр зыӀуатэ цӀыхухэм я лъакъуэхэр сыту дахащэ!»
Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.
Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу.
Дин пашэшхуэ хъунымкӀэ щӀыхьыр зыми зыхуигъэфэщэжьыфынукъым. ЦӀыхур дин пашэшхуэ хъуну Тхьэм къыхуриджэн хуейщ, абы Хьэрун къызэрыриджам хуэдэу.
Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнум и хъыбарыр зыӀуэта бегъымбархэр цӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынум теухуа хъыбар псоми хэплъыху, ягъэунэхуу щытащ.
Тхьэм и лъэпкъым бегъымбар нэпцӀхэри яхэтащ. Апхуэдэу, дин егъэджакӀуэ нэпцӀхэр фэри къыфхэтынущ. ЦӀыхухэм гу лъамытэу, ахэр зыгъэунэхъун Ӏуэхугъуэхэр ирагъэщӀэнущ. Зиусхьэну я щхьэхэр къэзыщэхужари ядэнукъым. Апхуэдэу щыхъукӀэ, езыхэм епӀэщӀэкӀыу загъэунэхъуж.
Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.
ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.