8 Езыр нэхутэкъым, ауэ нэхум щыхьэт техъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм къигъэкӀуащ ар.
Иуан, пэжыр имыбзыщӀу, нахуэу жиӀащ: – Сэракъым Мэссихьыр.
Нэху пэжу цӀыху псори къэзыгъэнэхур дунейм къытехьэну щытащ.
– «Мэссихьыр сэракъым, ауэ Мэссихьым и пэ къихуэу Тхьэм сыкъигъэкӀуащ» зэрыжысӀамкӀэ фэ фызищыхьэтщ.
Иуан зи гуэныхьхэм хущӀегъуэжахэр иумэхъыу щытащ, – жиӀащ Паул. – Езым и ужькӀэ къэкӀуэну Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэн зэрыхуейр цӀыхухэм яжриӀащ.