6 Тхьэм къигъэкӀуауэ, лӀы гуэр дунейм къытехьащ. Иуант абы и цӀэр.
Ар Тхьэм и псалъэ тхахэм зи хъыбар мыпхуэдэу хэт лӀыкӀуэрщ: «Мис, си лӀыкӀуэр уяпэ къихуэу нэзгъэкӀуэнурэ, абы уэ уи гъуэгур пхуигъэпсынущ».
ЦӀыхухэр иумэхъын щхьэкӀэ, Иуан хэт къэзыгъэкӀуар? ЦӀыхухэра, хьэмэрэ Тхьэра? – «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, езым къыджиӀэнщ: «НтӀэ, Иуан жиӀар сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» – зэчэнджэщыжурэ жаӀэрт абыхэм.
МелыӀычым абы къыжриӀащ: – Умышынэ, Зэчрей. Уи лъэӀур Тхьэм зэхихащ. Уи щхьэгъусэ Елизавет къуэ къыпхуилъхунущ, абы цӀэуэ Иуан фӀэпщынущ.
ИтӀанэ Зэчрей къыпищащ: «Уэ, си щӀалэ, Тхьэуэ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгу хуэбгъэпсыну езым и пэ къихуэу укӀуэнущи.
Езыр сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъэзыгъэкӀуам къызжиӀащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къызыхуехауэ, зыщхьэщыт цӀыхур арщ цӀыхухэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀэ зыумэхъынур».
– «Мэссихьыр сэракъым, ауэ Мэссихьым и пэ къихуэу Тхьэм сыкъигъэкӀуащ» зэрыжысӀамкӀэ фэ фызищыхьэтщ.
Хьисэ къэмыкӀуэ щӀыкӀэ, Иуан «Фэ фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ», жиӀэурэ израил цӀыху псоми хъыбар яхуиӀуатэрт.