Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 1:51 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

51 Хьисэ Нафанаил жриӀащ итӀанэ: – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, уафэр зэӀухауэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм деж мелыӀычхэр дэкӀуейуэ икӀи къехыу флъагъунущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 1:51
55 Iomraidhean Croise  

Абдежым илъэгъуащ пщӀыхьу: пкӀэлъей тетщ щӀылъэм, уафэм щӀэуэу; Тхьэм и мелыӀычхэри къох икӀи докӀуей абыкӀэ.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ.


– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ. А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.


Иуан зригъэумэхъри, Хьисэ псым къыхэкӀыжащ. Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэӀукӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар Хьисэ илъэгъуащ.


ШейтӀаныр абы и ужь икӀыжащ итӀанэ; мелыӀычхэр къыхуехри, Хьисэ Ӏуэхутхьэбзэ къыхуащӀэ хъуащ.


– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.


Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр къэфщӀэн щхьэкӀэ, – жери, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – КъызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.


Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэгуэкӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар илъэгъуащ Хьисэ.


– Сэращ, – жиӀащ Хьисэ, – лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ пшэхэм хэту къакӀуэу флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


Уафэм щыщ мелыӀыч гупышхуэ къыщыхутащ а мелыӀычым деж напӀэзыпӀэм. Тхьэм фӀыщӀэшхуэ хуащӀурэ, мыпхуэдэу жаӀащ абыхэм:


Тхьэм и мелыӀыч къахуэкӀуащ абыхэм напӀэзыпӀэм. Зиусхьэным и нэху гъэщӀэгъуэныщэм къыщиухъуреихьым, мэлыхъуэхэр хуабжьу къэщтащ.


Абы ирихьэлӀэу зы мелыӀыч уафэм къехри, къару къритыну и пащхьэм къихутащ.


Ауэ иджы къыщыщӀэдзауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ щысынущ.


Ар зыхуахьынур ямыщӀэу здэщытым, щыгъын хужьыбзэкӀэ хуэпауэ лӀитӀ, ямыщӀэххэу, я пащхьэм къихутащ.


Иуан, цӀыху псори иумэхъа нэужь, Хьиси иумэхъащ. Хьисэ Тхьэм щелъэӀум, уафэр зэӀукӀри,


– Ахъуо жыгым и щӀагъым ущӀэту услъэгъуащ зэрыбжесӀам щхьэкӀэ, уи фӀэщ хъуащ, – жиӀащ Хьисэ. – Абы нэхърэ нэхъ гъэщӀэгъуэныщи плъагъунущ.


Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэмкӀэ щӀэмыхьэу, нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ дэпщейр дыгъуакӀуэщ икӀи хъунщӀакӀуэщ.


Арати, Хьисэ аргуэру жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэр сэращ.


Пэж дыдэр нывжызоӀэ, ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым; апхуэдэуи, лӀыкӀуэр езыр зыгъэкӀуам нэхърэ нэхъыщхьэкъым.


– Уи псэр сэр щхьэкӀэ птынуи? – жэуап итыжащ Хьисэ. – Пэж дыдэр бжызоӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ!


Пэж дыдэр вжызоӀэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм сэ злэжь Ӏуэхухэр илэжьынущ, абыхэм нэхърэ нэхъ Ӏуэхушхуэжхэри илэжьынущ, сэ Адэ лъапӀэм деж сыкӀуэжынущи.


Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фыгъынущ икӀи фыпыхьэнущ, ауэ дунейм и цӀыхухэр гуфӀэнущ. Фэ фигу къеуэнущ, ауэ фэ фи гукъеяуэм гуфӀэгъуэкӀэ зызэблихъунущ.


А махуэм фэ зыкӀи фыкъызэупщӀынукъым. Пэж дыдэр вжызоӀэ, Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.


– Пэж дыдэр бжызоӀэ, уэ уи щӀалэгъуэм щыгъуэ уи бгым бгырыпх уэр-уэру щӀэпкъузэрти, уздыхуейм укӀуэрт. Ауэ жьы ухъумэ, уи Ӏэхэр пшиинурэ, нэгъуэщӀ гуэрым бгырыпхыр уи бгым къыпхущӀикъузэнурэ, уздэкӀуэну узыхуэмейм уишэнущ.


– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.


– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – Къуэ лъапӀэм езыр-езыру зыри хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыу илъагъум фӀэкӀа, нэгъуэщӀ зыри илэжьын хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыр абы и Къуэми елэжь.


Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу сызэрыщытым щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну Адэ лъапӀэм тепщэныгъэ къызитащ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр зэрыфлъэгъуам щхьэкӀэкъым фыкъыщӀыслъыхъуэр, атӀэ щӀакхъуэхэм щыщ фшхыри, зывгъэнщӀащи аращ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – Мусэ бегъымбарыракъым уафэм къеха щӀакхъуэр къывэзытар, атӀэ си Адэр арщ уафэм къикӀ щӀакхъуэ пэжыр къывэзытыр;


Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пкъыр фымышхыу, илъми фемыфэу, гъащӀэ фиӀэнукъым


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэри гуэныхь щӀэным и пщылӀщ.


Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэр зыгъэзащӀэм лӀэныгъэр игъащӀэкӀэ илъагъунукъым.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, Ибрэхьим къэхъун и пэкӀэ сэ сыщыӀэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Уафэр зэӀукӀри, щэкӀ хужь иным ещхь гуэр къехыу илъэгъуащ. А щэкӀыр къуапиплӀкӀи кӀэрыщӀауэ, щӀым кърагъэлэлэхам хуэдэт.


– Феплъ, – жиӀащ Стефан, – уафэхэр зэӀухауэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэту солъагъу.


Фэ, гузэвэгъуэм хэтхэр, фыдигъусэу гузэгъэгъуэ къывитыжынуи Тхьэм захуагъэу елъытэ. Ар къыщыхъунур Зиусхьэн Хьисэ уафэм къехыу, лъэкӀыныгъэ зиӀэ и мелыӀычхэр щӀыгъуу къыщылъэгъуэжыну махуэрщ.


А цӀыхухэр Зиусхьэным и напэмрэ щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ япэжыжьэу, мыухыж кӀуэдыныгъэр Тхьэм Ӏыхьэ яхуищӀынущ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


МелыӀычхэр Тхьэм хуэӀурыщӀэ псэуэ щытщ, мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм яхуэӀуэхутхьэбзэщӀэну ахэр Тхьэм къегъакӀуэ.


Еныху бегъымбару Ӏэдэм зи цӀэм къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу еханэм и гум Тхьэм кърилъхьэ псалъэхэр жиӀэурэ, а цӀыхухэм теухуауэ мыпхуэдэу жиӀащ: «ФыкъэдаӀуэ, бжыгъэ зимыӀэ мелыӀыч лъапӀэхэр и гъусэу Зиусхьэныр къэкӀуэнущ.


Уафэр зэӀухауэ слъэгъуащ итӀанэ. Сыщыплъэм, шы пщӀэгъуалэ гуэр къэлъэгъуащ. Шым тесым «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узыщыгугъ хъункӀэ» еджэу жаӀэ. Хьэкум щыпкъагъэкӀэ ещӀэ икӀи мэзауэ.


Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, уафэм щыӀэ бжэ гуэр зэӀухауэ слъэгъуащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэу къызэпсалъэу зэхэсхыгъа макъым жиӀащ: «Мыбы къыдэкӀуей, дяпэкӀэ къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэр уэзгъэлъагъунущ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan