41 Индрис и къуэш Симон япэщӀыкӀэ къигъуэтри жриӀащ: – Мэссихьыр къэдгъуэтащ. (Мэссихьым къикӀыр «Христосыр» арщ.)
Сыт зыкъызыхуаӀэтыр щӀым щытепщэхэр, зэгуроӀуэ тепщэныгъэ зиӀэхэр, Зиусхьэнми Абы Хихами пэувыжхэу?
ЦӀыху лъэпкъхэр зэрызехьэ хъуащ; пащтыхьыгъуэхэр зэщӀохъае. Псом я Нэхъ Лъагэм и макъ къэӀуащ, щӀыгур мэткӀу.
«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».
Ахэр щалъагъум, мелыӀычым сабийм теухуауэ къажриӀар абыхэм яӀуэтэжащ.
Мис а фызабэр асыхьэт дыдэм Мэриемрэ Исуфрэ къабгъэдыхьэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, Тхьэм Ерусалим щхьэхуитыныгъэ къызэрыритынум пэплъэу щыта цӀыху псоми сабийм и хъыбар зэпымыууэ яхуиӀуэтащ.
Филипп кӀуэщ, Нафанаил къигъуэтри, жриӀащ: – Торэт хабзэм иту Мусэ бегъымбарми адрей бегъымбархэми зи гугъу ящӀар къэдгъуэтащ. Ар Исуф и къуэу Назарет къалэм щыщ Хьисэр аращ.
– ХристоскӀэ зэджэ Мэссихьыр къызэрыкӀуэнур сощӀэ, – къыжриӀащ цӀыхубзым. – Ар къакӀуэмэ, Ӏуэху псори къыдгуригъэӀуэнущ.
Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.
– А псалъэхэр пэжщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ирод пщымрэ Ӏэтащхьэу Понтий Пилатрэ мы къалэм щызэхуэсащ, хамэ лъэпкъхэри израил цӀыхухэри я гъусэу, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэу дагъэ зыщыпхуам пэувыну.
Гъусэ фыкъытхуэхъун щхьэкӀэ, дэ тлъэгъуам икӀи зэхэтхам и хъыбар фхудоӀуатэ. Благъэ дызыхуэхъуар Адэ лъапӀэмрэ Абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэщ.