Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 1:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 МыкӀуэдыжын гъащӀэ хэлъащ а Псалъэм, а гъащӀэри цӀыхухэм нэху яхуэхъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 1:4
30 Iomraidhean Croise  

Абы и щыпкъагъэ уэгум къыщоӀу. Езы Тхьэращ хеящӀэр.


ЗэӀущӀэнщ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ, щыпкъагъэмрэ мамырыгъэмрэ зэбэунщ.


«КӀыфӀыгъэм хэт цӀыхухэм нэхугъэшхуэ ялъэгъуащ; лӀэныгъэм и шынагъуэ зыщхьэщыт хэку кӀыфӀым ис цӀыхухэм нэху къатридзащ».


Ар хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ езыгъащӀэ нэхурщ, Израил уи лъэпкъыр щӀыхьышхуэ иӀэу зыщӀынури арщ».


– ЛӀахэр къэзыгъэтэджыжу гъащӀэ езытыр сэращ; сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр лӀэми, псэунущ;


– Нэхур зы тэлайкӀэ къыфхэтынущ иджыри, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – КӀыфӀыгъэм фыхимыубыдэу нэхур фыхэтыху, фызекӀуэ. КӀыфӀыгъэм хэту зекӀуэм здэкӀуэр ищӀэркъым.


СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр кӀыфӀыгъэм къыхэмынэн щхьэкӀэ, дунейм нэхуу сыкъэкӀуащ.


Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


Тхьэм цӀыхухэр щӀигъэкъуаншэр мыращ: Нэхур дунейм къытехьащ, ауэ цӀыхухэм нэхум нэхърэ кӀыфӀыгъэр нэхъыфӀу ялъэгъуащ, абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр бзаджагъэти.


Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.


Адэ лъапӀэм цӀыхухэм гъащӀэ зэрыритым хуэдэу, абы и Къуэми цӀыхухэм гъащӀэ иритыну тепщэныгъэ къритащ.


Хьисэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ: – Дунейм и нэхур сэращ. Сэ си ужь къиувэр кӀыфӀыгъэм хэтынукъым, атӀэ гъащӀэм и нэхур игъуэтынущ.


Сэ дунейм сытетыхукӀэ, дунейм и нэхур сэращ.


Мэссихь* гугъуехь ишэчын хуейуэ зэрыщытар икӀи псом япэ езыр лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ, езым и лъэпкъымрэ хамэ лъэпкъхэмрэ нэхур иджы къазэрыхуэлъагъуэм и хъыбар яхуиӀуэтэну зэрыщытарщ сызытепсэлъыхьар.


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр.


Аращ мыпхуэдэу щӀыжаӀэр: «Уэ, жейр, къэушыж, лӀахэм къахэтэджыкӀыжи, Мэссихь нэхур къыптригъэпсэнущ».


Ди гъащӀэ пэжу щыт Мэссихь къыщылъагъуэкӀэ, фэри абы фригъусэу щӀыхьышхуэ фиӀэу фыкъэлъэгъуэнущ.


ЩӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ щыӀауэ, дэ зэхэтхауэ, ди нэкӀи тлъэгъуауэ, дызэплъауэ, ди ӀэхэмкӀэ дызытеӀэбар цӀыхухэм гъащӀэ езыт Псалъэр арщ, аращ зи хъыбар къэтӀуатэр.


А гъащӀэр къэлъэгъуащ. Ар тлъэгъуащ, абы щыхьэти дыхуэхъуащ. А мыкӀуэдыжын гъащӀэу Адэ лъапӀэм деж щыӀам икӀи къытхуэлъэгъуам и хъыбар фхудоӀуатэ.


Щыхьэтыгъэр мыращ: Тхьэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къыдитащ икӀи а мыкӀуэдыжын гъащӀэр Тхьэм езым и Къуэм къыдитыну ищӀащ.


ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт псыуэ кристаллым хуэдэу къабзэр мелыӀычым сигъэлъэгъуащ итӀанэ. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэм къикӀыу,


– Сэ сы-Хьисэщ. Мы ӀуэхухэмкӀэ фи члисэ зэхуэсхэм щыхьэт къыфхуэхъуну си мелыӀычыр нэзгъэкӀуащ. Даут пащтыхьым и унагъуэ лъэпкъым къытехъукӀа бын лъапӀэр сэращ. Нэхущ вагъуэ нэхури сэращ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan