Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 1:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 – АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ ахэр. – Уэ у-Иляс бегъымбар? – Хьэуэ, – жиӀащ Иуан. – Бегъымбарыр уэра? – еупщӀащ ахэр. – Хьэуэ, – жиӀащ абы.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 1:21
12 Iomraidhean Croise  

Ар къабыл фщӀыну фыхуеймэ, умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуэну щыта Иляс бегъымбарыр аращ.


Ахэр Иуан къеупщӀащ: – Мэссихьыр уэрмырамэ, Илясри уэрмырамэ, бегъымбарри уэрмырамэ, сыт цӀыхухэр щӀэбумэхъыр?


– ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – жаӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару жаӀэ нэгъуэщӀхэми. У-Иеремие бегъымбару е бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ.


А псалъэхэр щызэхахым, цӀыху гуэрхэм жаӀащ: – Пэж дыдэу бегъымбарыр мыращ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Иляс бегъымбарым игу зэрилъам хуэдэу, абыи игу илъу, Иляс лъэкӀыныгъэ зэриӀам хуэдэу лъэкӀыныгъэ иӀэу, Зиусхьэныр къэкӀуэн и пэкӀэ ар къэкӀуэнущ. Адэхэмрэ къуэхэмрэ ягухэр фӀы зэхуищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэри щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм я гъуэгу тригъэхьэнущ. Зиусхьэным хуэфащэ лъэпкъ хъун щхьэкӀэ, абы Израил лъэпкъыр игъэхьэзырынущ.


– Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.


– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ Иуан. – ДыкъэзыгъэкӀуахэм еттыжыну жэуапыр къыджеӀэ. Сыт уэ уи щхьэм щхьэкӀэ къыджепӀэнур?


Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр щалъагъум, цӀыхухэм жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, дунейм къэкӀуэн хуей бегъымбарыр мыращ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan