11 Езым и къэралым къэкӀуащ, ауэ абы и цӀыхухэм ар ядакъым.
– Израил цӀыхуу мэл щхьэрыуахэм я закъуэщ сэ Тхьэм сыкъызыхуигъэкӀуар, – жиӀащ Хьисэ.
Ауэ мы пщыр и къэралым ис цӀыхухэм фӀыуэ къалъагъуртэкъыми, «Мы лӀыр пащтыхь къытхуэхъуну дыхуейкъым», жрагъэӀэну, лӀыкӀуэхэр пщым и ужь иту а къэралым ягъэкӀуащ.
А Псалъэр дунейм къытехьащ. Тхьэм а Псалъэм дуней псори къригъэгъэщӀащ, апхуэдэу щыт пэтми, дунейм и цӀыхухэм ар къацӀыхужакъым.
Ауэ ар зыда цӀыху псоми, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и бын хъуну хуитыныгъэ къаритащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэм жриӀащ итӀанэ: – Мыращ иджы уи анэр! Асыхьэтым къыщыщӀэдзауэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу зым езым и унэм Хьисэ и анэр ишащ, ар псэупӀэ хуэхъун щхьэкӀэ.
Илъэгъуахэмрэ зэхихахэмрэ щыхьэт ятохъуэ ар, ауэ и щыхьэтыгъэр зыми идэркъым.
(Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:) – Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ.
Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Варнавэрэ тегушхуауэ жаӀащ: – Тхьэм и псалъэхэр фэ нывжетӀэн хуеящ япэщӀыкӀэ. Ауэ фэ Тхьэм и псалъэхэм пэӀэщӀэ зывощӀэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъуну зыхуэвгъэфащэркъым. Мис, абы къыхэкӀкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм захудогъазэ;
ФӀэхъус зэтхыжри, кхъухьым дитӀысхьэжащ, абыхэми щхьэж и унэ ягъэзэжащ.
Сэ жызоӀэ, и фӀагъ журтхэм яригъэкӀын щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь къэкӀуащ. И фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар ди адэшхуэхэр Тхьэм къызэригъэгугъэгъа Ӏуэхухэр Хьисэ, пэжу къыщӀигъэкӀыжэурэ Тхьэм и щыпкъагъэр ригъэлъагъун щхьэкӀэщ.
Мэссихь си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мы къыжысӀэнур пэжщ, пцӀы хэлъкъым. Ар зэрыпэжымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм шӀыгъуу сигури щыхьэт къысхуохъу.
Ахэращ ди адэшхуэхэм къатехъукӀа цӀыхухэр. ЦӀыхум хуэдэу, езы Мэссихьи абыхэм я лъэпкъым щыщщ. Езыр арщ псоми нэхърэ нэхъ ину, мыкӀуэдыж щӀыхьышхуэр зиӀэ Тхьэр. Ӏэмин.
Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ.