Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Апхуэдэу, Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ дэри цӀыкӀуу дыщыщытам, мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яӀэ къызэрыгуэкӀ еплъыкӀхэм драпщылӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:3
20 Iomraidhean Croise  

– ЦӀыху ешаелӀа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи.


ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа журтхэм Хьисэ яжриӀащ: – Си псалъэхэр фигу илъмэ, си гъуэгу пэжу ирикӀуэхэм фащыщщ.


Дэри ди адэжьхэми тхуэмыхьа хьэлъэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ятефлъхьэу, сыт Тхьэр вгъэунэхуну и ужь фыщӀитыр?


Торэт хабзэр Тхьэм деж къызэрикӀар дощӀэ. Ауэ сэ сыцӀыху тхьэмыщкӀэщ, гуэныхьым срипщылӀщ.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылӀу икӀи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапӀэм, «Аббэ, Адэ лъапӀэ», жытӀэу, Тхьэм дрегъаджэ.


Зыгуэрым фигъэпщылӀми, е вгъэшхэну фыхигъэзыхьми, е фихъунщӀэми, е фи пащхьэм зыщигъэпагэми, е фи нэкӀум къеуэми, ари фигу тывогъахуэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэш нэпцӀ гуэрхэу ди къуэшхэм захэзыгъэзэрыхьахэр арат зыхуеяр. Мэссихь Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, диӀэ щхьэхуитыныгъэм еплъакӀуэу, Торэт хабзэм и бжьым дыщӀагъэувэжыну и ужь итт ахэр.


Торэт хабзэр щӀыщыӀэр сыт абы щыгъуэ? Хабзэм текӀыныр зыхуэдэр цӀыхухэм ягуригъэӀуэн щхьэкӀэ, Тхьэм Торэт хабзэр къаритащ. Ибрэхьим къытехъукӀыну быну Тхьэм къызэригъэгугъар къэкӀуэху, Торэт хабзэм тепщэныгъэ иӀэн хуеящ. Тхьэм Торэт хабзэр мелыӀычхэм яӀэщӀилъхьэри, абыхэми ар лӀыкӀуэ гуэрым ӀэщӀалъхьэжащ.


Абы зи нэӀэ тет цӀыхухэмрэ и мылъкур зезыхьэхэмрэ яхуэӀурыщӀэн хуейщ, и адэм игъэува махуэм нэсыху.


А Ӏуэхум мыхьэнэ щэху хэлъщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхубзитӀыр зэгурыӀуэныгъитӀым хуэбгъэдэн плъэкӀынущи. УнэӀут цӀыхубзу Хьэджэр зи цӀэр Тхьэм езымрэ Мусэ бегъымбарымрэ яку Синай бгым щыдилъхьа зэгурыӀуэныгъэм хуэдэщ. А цӀыхубзым къыщӀэхъуахэр пщылӀт.


Хьэджэр Аравие хэкум щыӀэ Синай бгым хуэбгъэдэн плъэкӀынущ. А цӀыхубзыр иджырей Ерусалими хуэдэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ерусалимрэ абы дэс цӀыхухэмрэ пщылӀыпӀэм итщ.


Аращи, си къуэшхэ, унэӀут цӀыхубзым дрибынкъым, атӀэ щхьэгъусэ щхьэхуитым дрибынщ.


БлэкӀа зэманым Тхьэр фымыщӀэу фыщыщытам, тхьэкӀэ зэджэ тхьэ нэпцхэм фахуэлэжьащ.


Ауэ иджы Тхьэр фщӀэ хъуауэ, е Тхьэм фыкъищӀауэ жысӀэмэ, нэхъыфӀкъэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэ а еплъыкӀэ мыхьэнэншэхэм захуэвгъэзэжыну фыщӀыхуейр сыт? Абыхэм аргуэру пщылӀ фахуэхъужыну фыхуей?


Мэссихь и гъусэу лӀам фыхуэдэщ, фэ цӀыхухэм мы дунейм теухуауэ яӀэ гурыӀуэныгъэхэм тепщэныгъэ къыфхуаӀэжкъым. АтӀэ Ӏуэхур абы тетмэ, мы дунейм и цӀыхухэм фазэрыщыщым хуэдэу фыпсэуурэ, мыпхуэдэ унафэхэм сыт фыщӀедаӀуэр:


Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцӀымкӀэ, цӀыхухэр щызыгъауэмкӀэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкӀыр Мэссихькъым, атӀэ ди адэжьхэм къащӀэна хабзэмрэ мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яхэлъ гурыӀуэныгъэу нэпцӀымрэщ.


БлэкӀа зэманым фыщеплъкӀэ, мы зэманым фэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр евгъэщӀэн хуеящ, ауэ Тхьэм и псалъэхэм теухуа, япэ дыдэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр зыгуэрым фигъэщӀэжыну фыхуэныкъуэщ. Фызыхуэныкъуэр шхыныгъуэ гъэткӀугъуейкъым, атӀэ быдзышэщ.


Мелхиседек и унагъуэ лъэпкъ къытепщӀыкӀым теухуа хабзэхэмрэ цӀыху унафэхэмрэкъым ар дин пашэ зыщӀар, атӀэ зыми имыгъэкӀуэдыфын гъащӀэм и лъэкӀыныгъэращ дин пашэ зыщӀар.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan