3 Титу си гъусар алыдж лъэпкъым щыщ пэтми, сунэт заригъэщӀын хуейуэ абыхэм хагъэзыхьакъым.
ЦӀыху гуэрхэр дэ къытхэкӀри, „Сунэт фащӀын хуейщ икӀи Мусэ и Торэт хабзэм итхэм федэӀуэн хуейщ“, жаӀэурэ, я псалъэхэмкӀэ фызэӀащӀауэ икӀи фагъэгузэвауэ дэ зэхэтхащ, ауэ ахэр дэ нэдгъэкӀуакъым.
Паул Тимофей здишэну хуейт. А лъэныкъуэм ис журтхэм щхьэкӀэ Паул зыгуэрым Тимофей сунэт иригъэщӀащ; Тимофей и адэр зэрыалыджыр цӀыху псоми ящӀэрти.
гузэгъэгъуэ згъуэтакъым, си къуэш Тит абы щызгъуэтэкъыми. Арати, къуэшхэм я Ӏэхэр субыдыжри, Македоние хэкум сыкӀуэну гъуэгум сытехьэжащ.
ИтӀанэ, илъэс пщыкӀуплӀ дэкӀа нэужь, Ерусалим сыкӀуащ Варнавэ си гъусэу. Тити здэсшащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димас мы дунейр фӀыуэ илъэгъуати, сэ сыкъигъанэри, Фессалоникэ къалэм кӀуащ. Крискент Галатие хэкум кӀуащ, Тити Далмацие хэкум кӀуащ. Си деж къэнар Лука закъуэщ.
Уэ, Тит, мы тхылъыр ныпхузотх. Зы фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ си къуэ пэжым хуэдэ ухъуащ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыплърес.