Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 ХъыбарыфӀу дэ фхуэтӀуэтам фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм, дэрами уафэм щыщ мелыӀычырами, Тхьэм и ней къыщрехуэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:8
23 Iomraidhean Croise  

ЖиӀащ абы итӀанэ: – Тхьэм и ней КъэнаӀан къыщыхуэ; и къуэшхэм я пщылӀхэм я пщылӀыж хъунущ ар.


– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


– Тхьэр согъэпцӀ, жысӀэр мыпэжмэ, а фэ жыхуэфӀэ лӀыр сэ сцӀыхуркъым, – жиӀэри, тхьэ иӀуэу щӀидзащ Петр.


Ахэр дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ я деж кӀуэри, жраӀащ: – Паул дымыукӀауэ дымышхэну тхьэ тӀуащ.


Си къуэшхэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм къыпэувурэ, фызэгурызымыгъаӀуэу, адрей цӀыхухэр гъуэгу захуэм тезыгъэкӀхэм защыфхъумэну сыныволъэӀу. Абыхэм пэӀэщӀэ зыфщӀ.


Си къуэшу си лъэпкъым щыщхэм си фӀагъ езгъэкӀын слъэкӀатэмэ, Тхьэм и ней къысщыхуэу, Мэссихь сызыбгъэдигъэкӀыну сыхуеинт.


Аращи, мыр къывгурызгъэӀуэну сыхуейщ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ къэпсалъэу, Хьисэ ебгын зыми лъэкӀынукъым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ мыхъумэ, зыми «Хьисэщ Зиусхьэныр» жиӀэфынукъым.


Зиусхьэныр фӀыуэ зымылъагъум Тхьэм и нейр къыщрехуэ. Маранафэ.


ИпэкӀэ къыжытӀэгъар аргуэру къыжызоӀэж: фэ къабыл фщӀа хъыбарыфӀым фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм Тхьэм и ней къыщрехуэ.


Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум щыгугъ цӀыху псоми Тхьэм и ней къащыхуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Торэт хабзэм и тхылъым ит псори сыт щыгъуи зымыгъэзащӀэм Тхьэм и ней къыщохуэ».


Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».


ФызэгурызымыгъаӀуэ цӀыхум зэрэ тӀэурэ еущие, къомыдаӀуэмэ, пэӀэщӀэ зыщӀ.


Зинэ щӀэным я нэ къыхуокӀ, гуэныхь щӀэнымкӀэ загъэнщӀын ялъэкӀыркъым. Тхьэм и гъуэгум быдэу темытхэр дашэх. Ягухэр нэпсеягъэм етащ. Абыхэм Тхьэм и ней къащыхуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan