4 Фэ, адэхэ, фи бынхэр фымыгъэгубжь, атӀэ Зиусхьэным зэрыфӀэигъуэм тету фпӀы икӀи вгъасэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ къыхэсхащ Ибрэхьим, езым и къуэхэми, езым и ужькӀэ къэнэну и унагъуэми, щыпкъагъэрэ захуагъэрэ ялэжьу сэ Зиусхьэным си гъуэгум ирикӀуэну унафэ яхуищӀын папщӀэ. Сэ, Зиусхьэным, Ибрэхьим зэрызгъэгугъа псори згъэпэжынущ.
«ФӀыгъуэ къохъулӀэн икӀи куэдрэ мы дунейм ущыпсэун щхьэкӀэ», жиӀэурэ.
Адэхэ, фи бынхэр фымыгъэгубжь, я гур мыкӀуэдын щхьэкӀэ.
Уи фӀэщхъуныгъэ щыпкъэр си гум къокӀыж. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэр уи анэшхуэу Лоидэрэ уи анэ Евникэрэ я гум илъу щытащ нэхъапэм; иджы ар уи гум зэрилъым сыщогугъ.
Абы нэмыщӀ, уи сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэм хэтыр зэбгъэщӀащ. Мэссихь ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ умыкӀуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэӀуэн ялъокӀ.