Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Фэ, бынхэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фи адэмрэ фи анэмрэ федаӀуэ. Абы фытетмэ, фӀыщ, фызахуэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:1
33 Iomraidhean Croise  

Екъуб и адэмрэ и анэмрэ едаӀуэу Паддан-Арам зэрыкӀуари илъэгъуащ Эсау.


Екъуб Исуф жриӀащ: – Уи къуэшхэм мэлхэри бжэнхэри ягъэхъу. Сэ узгъэкӀуэнущ абыхэм я деж. Абы жэуап иритащ: – Сыхьэзырщ сэ.


Исуф и адэ и лъэгуажьэхэм къатрихыжри, щхьэщэ хуищӀащ, щӀым нэсу зигъэщхъри.


ЯщӀащ Екъуб и къуэхэм абы езым и унафэм хуэдэу.


Языныкъуэхэр зыщотхъуж хьэрыгъажэхэмкӀэ, языныкъуэр – шыхэмкӀэ, дэ Зиусхьэну ди Тхьэм и цӀэм щӀыхь худощӀ.


И анэмрэ и адэмрэ я гъусэу Хьисэ Назарет кӀуэжащ итӀанэ, яхуэӀурыщӀащ. Хьисэ и анэм игу ириубыдащ мы Ӏуэху псори.


Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.


Зиусхьэныр абы и псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрырагъэблэгъэн хуейм хуэдэу евгъэблагъи, зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэдым, сэри сахэту, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ ар.


Апхуэдэу, Торэт хабзэр лъапӀэщ, унафэри лъапӀэщ, икӀи захуэщ, икӀи фӀыщ.


Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.


Фызабэ гуэрым и бынрэ и бынхэм къащӀэхъуарэ иӀэмэ, езыхэм я унагъуэм щӀыхь хуащӀыну япэщӀыкӀэ зрагъэсэн хуейщ, я адэ анэхэм къыхуащӀари хуащӀэжын хуейщ, ар Тхьэм игъуэу елъытэри.


Зиусхьэным и гъуэгум фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ тепщэныгъэ зиӀэ цӀыху псоми фахуэӀурыщӀэ: псоми я тепщэ пащтыхьыр арами, абыи фыхуэӀурыщӀэ,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan