9 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀыгъуэ псори, захуагъэ псори, щыпкъагъэ псори нэхум къыпокӀуэ.
Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь.
Нафанаил къакӀуэу щилъагъум, абы теухуауэ Хьисэ жиӀащ: – Мис Израил щыщ цӀыху щыпкъэу гъэпцӀагъэ гуэри зыхэмылъыр.
Си къуэшхэ, фи гум фӀыгъуэшхуэ зэрилъымкӀи, щӀэныгъэшхуэ зэрывиӀэмкӀи, зым адрейм Ӏуэхухэр иригъэщӀэн зэрыфлъэкӀымкӀи дзыхь фхузощӀ.
Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ?
ФӀылъагъуныгъэр ди гум илъу, щыпкъагъэр къыжытӀэурэ, сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи Мэссихь хуэдэ дыхъуурэ зыдужьынущ. Езыращ щхьэр.
Аращи, пцӀы упсыныр зыхэвни, хэти езым и гъунэгъум щыпкъагъэр щытрырет, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псори зыпкъ закъуэм дыщыщщ.
Аращи, быдэу фыщыт; щыпкъагъэр фи бгырыпхым хуэдэ зивгъэӀэ; Тхьэм дежкӀэ диӀэ щыпкъагъэри афэ джанэм хуэдэ зыщыфтӀагъэ.
Апхуэдэу щыпкъагъэм фӀыгъуэу къыпэкӀуэр Хьисэ Мэссихь фи гум быдэу кърилъхьэнущ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀын икӀи ар ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ.
Фызхэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ цӀыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу.
Ауэ уэ, Тхьэм и цӀыху, а Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Щыпкъагъэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр, гущабагъэр уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.
И Къуэм теухуауэ Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ: «Уэ, Тхьэ, уи тепщэныгъэшхуэ тахътэм игъащӀэкӀэ утесынущ. Уи тепщэныгъэшхуэм и башыр захуагъэрщ.
Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, нэгъуэщӀ пащтыхьыгъуэхэм ятекӀуащ, захуагъэр ягъэпсащ, Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэри яӀэ хъуащ. Аслъэнхэм я жьэхэр ягъэбыдащ,
Мэссихь щыпкъагъэр игу зэрилъыр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ щыпкъагъэр зыгъэзащӀэр Тхьэм зэрибынри фощӀэ.
Си тӀасэ, мыхъумыщӀэ зылэжьхэм я лъэужьым уримыкӀуэу, фӀыгъуэ зылэжьхэм я лъэужьым ирикӀуэ. ФӀыгъуэ зылэжьыр Тхьэм и бынщ. МыхъумыщӀэ зылэжьым Тхьэм фӀэщхъуныгъэ хуиӀэкъым.