Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Псалъэ мышыухэмкӀэ зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ Тхьэм и губжьыр езым емыдаӀуэ цӀыхухэм къалъигъэсынущи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:6
28 Iomraidhean Croise  

Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


– Зыми фыкъызэримыгъэпцӀэным фыхуэсакъ! – яжриӀащ Хьисэ.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущ. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэр ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


Зыми фыкъызэримыгъэпцӀэным фыхуэсакъ! – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ цӀыхухэм я гум зэримылъым икӀи я бзаджагъэ псоми щхьэкӀэ, уафэм къех и губжьыр Тхьэм къегъэнахуэ, я бзаджагъэкӀэ цӀыхухэм щыпкъагъэр ягъэпщкӀуну и ужь итщи.


Егъэлеяуэ зывгъэцӀыкӀун хуейуэ, мелыӀычхэри вгъэлъэпӀэн хуейуэ нывжезыӀэм зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ цӀыхум, Тхьэм абы къригъэлъэгъуауэ жыхуиӀэ Ӏуэхухэм зэпымыууэ тепсэлъыхьурэ, мы дунейм тет цӀыхухэм я гупсысэкӀэ зэриӀэм щхьэкӀэ пщӀэншэу зыкъыфӀощӀыж.


Ар щӀыжысӀэр гъэпцӀагъэ зыхэлъ псалъэхэмкӀэ зыми фыдимыхьэхын щхьэкӀэщ.


Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцӀымкӀэ, цӀыхухэр щызыгъауэмкӀэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкӀыр Мэссихькъым, атӀэ ди адэжьхэм къащӀэна хабзэмрэ мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яхэлъ гурыӀуэныгъэу нэпцӀымрэщ.


Тхьэм емыдаӀуэхэм абы и губжьыр къатехуэнущ апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ.


Хэту щытми, зыкӀи зыкъевмыгъэгъапцӀэ. ЦӀыхухэм я щӀыб Тхьэм хуагъэзэн, бзаджагъэм и цӀыхуу Тхьэм игъэкӀуэдыжынур къэлъэгъуэн и пэкӀэ, а махуэр къэсынукъым.


Ӏуэху гъэщӀэгъуэн зэхуэмыдэу цӀыхухэм адрейхэр зрагъаджэхэм зыдевмыгъэхьэх. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фигухэр вгъэбыдэмэ, фӀыщ, ауэ шхыныгъуэхэм теухуа унафэхэм пщӀэ яӀэкъым. А унафэхэм ятету ирикӀуэ цӀыхухэм абыхэм я фӀагъ ирагъэкӀакъым.


Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀам щхьэкӀэ Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэн зэралъэмыкӀар долъагъу.


Абы нэмыщӀу, «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэуи» хъуащ. Тхьэм и псалъэхэм зэремыдаӀуэм щхьэкӀэ, ахэр мэлъэпэрапэ, Тхьэм абыхэм зэрахуигъэнэхуам хуэдэу.


ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan