Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрахуэфащэращи, зинэ щӀэным, сыт хуэдэ гуфӀеягъэми е нэпсеягъэми я гугъу фи зэхуакум щыфщӀ хъунукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:3
58 Iomraidhean Croise  

Хабзэхэр зэхэкъутамэ, щыпкъагъэ зигу илъым ищӀэн лъэкӀынур сыт?


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гум къикӀыр мыращ: Гупсысэ бзаджэхэр, цӀыху укӀыныр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыхухэм пцӀы ятелъхьэныр, яхуэпсэлъэныр.


ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми.


Ахъшэр фӀы дыдэу зылъагъу фарисейхэм а псор щызэхахым, Хьисэ щыдыхьэшхащ.


Ауэ цӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лым, зинэ щӀэным, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, лъым пэӀэщӀэ защӀыну, езыхэм къращӀэну зыхуэмейр нэгъуэщӀхэм ирамыщӀэнуи дэ яхуэттхын хуейщ;


Зы цӀыхум и дыжьыни, и дыщи, и щыгъыни сенэцӀакъым сэ.


Мыщыпкъагъэ псори, зинэ псори, гъэпцӀагъэ псори, нэпсеягъэ псори, бзаджагъэ псори ягухэм ярыз хъуащ. Фыгъуэныр, цӀыху укӀыныр, зэщыхьэныр, пцӀы упсыныр, лъагъу мыхъуныр я гум илъ зэпытщ.


Зиусхьэныр абы и псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрырагъэблэгъэн хуейм хуэдэу евгъэблагъи, зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэдым, сэри сахэту, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ ар.


Фи Ӏэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм гуэныхь ящӀэну бзаджагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэ фымыгъэхъу, лӀахэм къахэтэджыкӀыжа цӀыхухэм фахуэдэу Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Фэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэри щыпкъагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэу Тхьэм хуэвунэтӀ.


Абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀэу щытам хуэдэу, зинэ дывмыгъащӀэ. Апхуэдэу, цӀыху мин тӀощӀрэ щырэ зы махуэ закъуэм кӀуэдащ.


Фэ фщыщ гуэр зинэ щӀэным зэрыхэтыр цӀыхухэм яӀуэтэж; и анэ нэпӀэсыр зезышэж фхэтщ. Апхуэдэ хабзэ хамэ лъэпкъхэми яхэлъкъым.


«Шхыныр ныбэм щхьэкӀэ щыӀэщ, ныбэри шхыным щхьэкӀэщ щӀыщыӀэр», жаӀэ цӀыхухэм. Ари пэжщ, ауэ Тхьэм тӀури игъэкӀуэдынущ. Пкъыр зинэ щӀэным щхьэкӀэ щыӀэкъым, атӀэ Зиусхьэным щхьэкӀэщ. Зиусхьэнри пкъым щхьэкӀэщ щӀыщыӀэр.


Зинэ щӀэным пэӀэщэ зыфщӀ! НэгъуэщӀ сыт хуэдэ гуэныхьуи цӀыхум ищӀэр и пкъым епхакъым, ауэ зинэ зыщӀэм езым и пкъым гуэныхь ирещӀэж.


Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, фи пащхьэм Тхьэм сыщигъэлъэхъшэну икӀи нэхъапэм гуэныхь зыщӀа цӀыху куэду зигу фӀеягъэм, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэу зыхэтхэм хущӀемыгъуэжахэм си гур хагъэщӀынкӀэ сошынэ.


Апхуэдэ цӀыхухэм ялэжь Ӏуэху щэхухэм я гугъу пщӀын къудейри емыкӀущ.


Мы Ӏуэхур зэвгъащӀэ: Зинэ зыщӀэ цӀыхум, е зи гур мыкъабзэм, е нэпсейм – апхуэдэ цӀыхум тхьэ нэпцӀ егъэлъапӀэ, – апхуэдэм Мэссихьрэ Тхьэмрэ я тепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къылъысынукъым.


Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,


Аращи, фи щэныжь бзаджэм и Ӏуэхухэр вгъэкӀуэд: Зинэ щӀэнри, гуфӀеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, хъуэпсэныгъэ Ӏейхэри, нэпсеягъэри – нэпсеягъэр тхьэ нэпцӀыр бгъэлъэпӀэным хуэдэщ.


Тхьэр зыхуейр фигу нэхъ къабзэ хъу зэпытыну, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀыну арщ.


Ди гур мыкъабзэу дыпсэуну аракъым Тхьэм дыкъызыхуриджар, атӀэ ди гур къабзэу дыпсэуну арщ.


атӀэ фӀы щӀэнымкӀэ зрагъэщӀэращӀэ, «Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъщ», жызыӀэ цӀыхубзхэм зэрахуэфащэм хуэдэу.


Фадафэу е цӀыху Ӏэлу щыт хъунукъым, атӀэ Ӏэсэу, мышхыдэрейуэ икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэ псори къызыбгъэдэкӀыр ахъшэм щӀэбэгынырщ. ЦӀыху гуэрхэр, ахъшэм щӀэхъуэпсурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀри, гухэщӀ Ӏэджэ я щхьэм къыхуахьыжащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм езыхэм фӀыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фӀыуэ ялъагъунущ, закъыфӀэщӀыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэӀуэнукъым, арэзыныгъэ яӀэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпӀэнукъым, фӀылъагъуныгъэ яӀэжынукъым;


Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу.


Тхьэм и Ӏуэхур члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэм и пщэм зэрыдэлъым щхьэкӀэ, ар зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъ лӀыуэ щытын хуейщ: ерыщу икӀи губжьыгъуафӀэу, ефакӀуэуи, цӀыху Ӏэлуи, мылъкум щӀэхъуэпсуи щыт хъунукъым.


Фызыжьхэри ущий Тхьэм и бзылъхугъэ лъапӀэхэм яхуэфащэу псэуну, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьыну, фадэм зыдрамыгъэхьэхыну икӀи фӀыр зыхуэдэр цӀыхухэм ирагъащӀэну.


Фэ фщыщу зыри зинэ зыщӀэ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу, е Эсау хуэдэу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу. Эсау къуэ нэхъыжьым иӀэу щыта хуитыныгъэхэр шхыныгъуэ закъуэм щхьэкӀэ ищэжащ.


Мэлыхъуэм и нэӀэ мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, фэри Тхьэм и цӀыхухэу фи деж щыпсэухэм мэлыхъуэ фахуэхъуи, фи нэӀэ ятевгъэт, хэгъэзыхь хэмылъу, фи гуапэу, Тхьэм зэрыфӀэзахуэм хуэдэу. Мылъкум фыщӀэмыхъуэпсу, абыхэм фи фӀэщу фахуэлажьэ.


псом хуэмыдэу цӀыхуу зи гуэныхьыщӀэ хьэл-щэныжьым и хъуэпсэныгъэ фӀейхэм зэрашэу, тепщэныгъэ зиӀэхэр зэзымыпэсхэр. Уафэм тепщэныгъэ щызиӀэхэми пхъашэу, ерыщу хуэшхыдэным щышынэркъым ахэр.


Зинэ щӀэным я нэ къыхуокӀ, гуэныхь щӀэнымкӀэ загъэнщӀын ялъэкӀыркъым. Тхьэм и гъуэгум быдэу темытхэр дашэх. Ягухэр нэпсеягъэм етащ. Абыхэм Тхьэм и ней къащыхуащ.


Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.


Ауэ Ӏуэху мыхъумыщӀэ гуэрхэр вдызолъагъу: Билеам и гъуэгум тет цӀыхухэр къыфхэтщ. Билеамщ Балак зыгъэӀущар, израил цӀыхухэм гуэныхь яригъэщӀэн щхьэкӀэ. Хамэ лъэпкъхэм щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр Балак израил цӀыхухэм яригъэшхащ икӀи зинэ яригъэщӀащ.


ИщӀа зинэм хущӀегъуэжыну абы Ӏэмал естащ, ауэ хущӀегъуэжакъым.


Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.


Арати, зи ужь ит Ӏуэхуу цӀыху укӀыным, удыгъэм, зинэ щӀэным, дыгъуэным хущӀегъуэжакъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan