Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Тхьэм фӀыуэ илъагъу быну фызэрыщытым щхьэкӀэ абы и лъэужьым фрикӀуэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:1
13 Iomraidhean Croise  

фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и бын фыхъун щхьэкӀэ. Абы и дыгъэр цӀыху бзаджэхэми цӀыхуфӀхэми къахукъуегъэкӀ, щыпкъагъэ зигу илъхэми имылъхэми уэшх къахурегъэшх.


Аращи, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, ар нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, фи щыпкъагъэми щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, фэ цӀыху нэгъэсауэ фыщытын хуейщ.


Ауэ ар зыда цӀыху псоми, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и бын хъуну хуитыныгъэ къаритащ.


Зыр зым фӀыуэ хущрет, гущӀэгъу зэхуэфщӀ икӀи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркӀэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу.


къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ.


Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.


ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм апхуэдизу фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэри фӀыуэ дызэрылъагъун хуейщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan