Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Дэ тщыщ дэтхэнэми Мэссихь и нэфӀ къыщыхуащ, хэти тыгъэ къритыну зэрыхуигъэфэщам теухуауэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:7
13 Iomraidhean Croise  

Зым талантитху, адрейм талантитӀ, ещанэми зы талант иритащ. Щхьэж лъэкӀыныгъэу иӀэм елъытауэ яритри, гъуэгу техьащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэкӀуам Тхьэм и псалъэхэрщ жиӀэр. А цӀыхум и гум Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр кърилъхьэ зэпытщ.


Тхьэм и нэфӀыр сэ къызэрысщыхуам щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэми жызоӀэ: зыкъыфӀэмыщӀыж икӀи зумыгъэин, ауэ Тхьэм уэ къыпхуигъэфэща фӀэщхъуныгъэм и щапхъэм тету зэхэщӀыкӀ уиӀэу зэплъыж.


Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.


Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри, Ӏуэху фхуэсщӀэну си пщэм къызэрыдилъхьам и хъыбарыр зэхэфхауэ щытын хуейщ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи,


Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀи, Ӏуэху телъыджэхэмкӀи, лъэкӀыныгъэ зыхэлъ зэмылӀэужьыгъуэ ӀуэхушхуэхэмкӀи а хъыбарыфӀым щыхьэт техъуащ Тхьэр. Абы нэмыщӀ, Тхьэр зэрыхуеям тету, езым и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху зэмылӀэужьыгъуэхэр ялэжьыну цӀыхухэм лъэкӀыныгъэхэр къаритащ.


Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуэу лъэкӀыныгъэ Ӏэджэу фи Ӏэм кърилъхьам ирикъуу фрилажьэурэ, Тхьэм хэти и Ӏэм кърилъхьа лъэкӀыныгъэхэмкӀэ и фӀагъ адрейхэм ярырегъэкӀыж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan