Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэакъылыгъу фищӀащи, ар зэрыфхъумэным фызэзыпх зэгурыӀуэныгъэмкӀэ фыхущӀэкъу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:3
16 Iomraidhean Croise  

Зы къэралыр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым.


– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.


Си къуэшхэ, фызэгурыӀуэну, гуп-гуп фызэрымыгъэхъуу, зэнэ-зэпсэу фыщытыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ сыныволъэӀу.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.


Апхуэдэу, дэ псоми Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэу, ар зыхуэдэри тщӀэуэ, зы дыхъунущ икӀи Мэссихь и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, дэри, ди щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса дыхъунущ.


Зы пкъым дыщыщыщщ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри зыщ, дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхуу Тхьэм дыкъызыхуриджари зыщ.


Абыхэм ялэжь Ӏуэхум щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ яхуэфщӀ икӀи фӀыуэ флъагъу. ФызэгурыӀуэ.


ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan