Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Мэссихь цӀыхухэм тыгъэхэр зэраритар мыращ: цӀыху гуэрхэр апостолу игъэуващ, нэгъуэщӀхэри бегъымбару игъэуващ, адрейхэми езым теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуэтэну игъэуващ, итӀанэ нэгъуэщӀ гуэрхэри дин пашэу икӀи дин егъэджакӀуэу игъэуващ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:11
19 Iomraidhean Croise  

унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.


Бегъымбархэри дин егъэджакӀуэхэри Антиохие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм яхэтт: Варнавэ, «ФӀыцӀэкӀэ» зэджэ Симон, Кириние къалэм щыщ Луций, Манаил (ар Ирод пщым и гъусэу япӀарщ), Щаул сымэ.


Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.


ЕтӀуанэ махуэм абы дыдэкӀыжри, Кесарие къалэм дыкӀуащ. Филипп и цӀэу Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр езыгъэдаӀуэ лӀым и унэм дыщӀыхьэри, абы деж дыкъэнащ. Ар лӀиблым ящыщт.


И фӀагъ цӀыхухэм яригъэкӀыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, а цӀыхум и фӀагъ абыхэм ярырегъэкӀ. ЦӀыхухэм Ӏуэхухэр яригъэщӀэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, а цӀыхум абыхэм ярырегъащӀэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхухэм къарит лъэкӀыныгъэхэр зэхуэмыдэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыщ.


Апостолхэмрэ бегъымбархэмрэ ягъэува лъабжьэм фытетщ. Езы Мэссихь Хьисэращ унэр зэтезыӀыгъ лъабжьэ мывэ нэхъыщхьэр.


А щэхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм апостол лъапӀэхэмрэ бегъымбар лъапӀэхэмрэ мы зэманым зэрахуигъэнэхуам хуэдэу, цӀыхухэм я япэрей щӀэблэхэм Тхьэм яригъэщӀэгъакъым.


Аращ Тхьэм и псалъэ тхахэм щӀахэтыр: «ИщхьэмкӀэ щыдэкӀуеижым, Ӏэхъулъэхъу зэрылъхэр здыдришеящ, цӀыхухэми тыгъэхэр яритащ».


Уэ, дауэ хъуми, зышыӀэ. Гугъуехь шэчи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэм и Ӏуэхур лэжь, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур нэсу гъэзащӀэ.


БлэкӀа зэманым фыщеплъкӀэ, мы зэманым фэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр евгъэщӀэн хуеящ, ауэ Тхьэм и псалъэхэм теухуа, япэ дыдэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр зыгуэрым фигъэщӀэжыну фыхуэныкъуэщ. Фызыхуэныкъуэр шхыныгъуэ гъэткӀугъуейкъым, атӀэ быдзышэщ.


Ауэ фэ, фӀыуэ слъагъухэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и апостолхэм къэхъуну къыжаӀа Ӏуэхугъуэхэр фи гум къэвгъэкӀыж.


А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».


А къалэм и блыным лъабжьэ пщыкӀутӀ иӀэт. А лъабжьэхэм Щынэм и апостол пщыкӀутӀым я цӀэхэр тетхат.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan